Адыгэ пщащэ Беслъэней Замирэ

Мейкъуапэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Черкешенка» фестиваль-зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ абы зи зэфIэкI щеплъыжа Беслъэней Замирэ. Ар къызэригъэпэщащ Адыгэ Республикэм цIыхубэ щэнхабзэмкIэ и центрым, АР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым зэфIаха Iуэхухэм язщ мы зэхыхьэ дахэр.

 Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Краснодар крайм щыщ адыгэ пщащи 10 зэпеуэм хэтащ. Абыхэм видео нэтынхэр къагъэлъэгъуащ, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьу. КъэпщытакIуэхэм къалъытащ пщащэхэм  адыгэбзэр зэрагъэшэрыуэр, къызыхэкIа лъэпкъым и къекIуэкIыкIам, адыгэхэм ди тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зэрыщыгъуазэр. Апхуэдэу къапщытащ хъыджэбзхэр адыгэ къафэм зэрыхуэIэзэр, я IэпщIэлъапщIагъэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIыр.

Фестиваль-зэпеуэм щытекIуащ Адыгэ Республикэм щыщ Гъубжокъуэ Миланэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу абы хэта, Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и художественнэ унафэщI Беслъэней Замирэ етIуанэ хъуащ. Ещанэр хуагъэфэщащ Адыгейм щыщ СэIэбцокъуэ Динарэ. ДыщэкI, художник Еутых Ася япэ увыпIищыр къэзыхьахэм тыгъэ яхуищIащ езым игъэхьэзыра тажхэр. Зэпеуэм хэта дэтхэнэми ахъшэ, фэеплъ саугъэтхэр иратащ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: