ДжэгукIэ шынагъуэхэм дахуэвгъэсакъ!

ГъащIэм къыхыхьэ тыншыгъуэ къэс абы ущызыгъащтэ гуэри зэригъусэр ди нэгу щIокI. Псалъэм папщIэ, телефонхэр. ЗэпыщIэныгъэ къарукIэ, хъыбар зэIэпыхын IуэхукIэ абы нэхърэ нэхъыфI гъуэтыгъуей пэтми, махуэ къэс нэхъ нэрылъагъуу, IэмэпсымэщIэхэр мурад бзаджэкIэ къэзыгъэщхьэпэхэм я бжыгъэр мэбагъуэ, я Iэмалхэми захъуэж.     

2016 гъэ лъандэрэ зи хъыбар къэIу «Джей щIыхум» («Синий кит») аргуэру и лъэужь къигъэнащ. Интернет джэгум здыхэтым, щIалэ цIыкIу гуэрым «иужьрей унафэр» къыIэрыхьэри, унэ зэтетым зыкъридзыхыжащ. Насып иIэти, уIэгъэхэм илIыкIакъым. ЩIэрыщIэу щIыдопщытыкI интернет джэгукIэ сабийхэм зезыгъэукIыж щIэпхъаджащIэхэм я IэбэкIэр.

ГъащIэм къыщыхъу псори  нэхъ гуащIэу зыхэзыщIэ ныбжьыщIэхэрщ фIы зигу имылъхэр зэщакIуэр. «Джей щIыхур» фIэщыгъэ куэд зиIэ апхуэдэ къэгъэпцIэкIэ Iэмалхэм язщ. «ЗозыгъэукIыж джэгукIэхэр» - къызэщIэубыда фIэщыгъэу яIэщ зи гугъу тщIы, сабийхэр здыхалъафэ гупхэм. Дауэ ахэр зэрылажьэр? Щхьэусыгъуэ зырызкIэ сабийхэр къыщохутэ «джей щIыху», «унэ щэху», е нэгъуэщI цIэхэр зезыхьэ интернет гупхэм. Набдзэгубдзаплъэу къакIэлъыплъ адэ-анэхэм зэраIэщIэкIын Iэмали къагъуэтыф сабийхэм. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа щIалэ цIыкIум и анэр щыгъуазэу зы «аккаунт» иIэ пэтми, щэхуу нэгъуэщI зэрихьэу къыщIэкIащ.

«Джей щIыхум» и Iуэхум апхуэдизкIэ зиубгъуащи, уеблэмэ «СылIэным къэнэжа махуэ 50» и цIэу тхылъ щыIэщ. Япэ махуэм щегъэжьауэ щIэпхъаджащIэхэм запызыщIа сабийм унафэ гуэр махуэ къэс игъэзэщIэну кърат. Псалъэм папщIэ, и Iэм джей сурэт трищIыхьыну, уIэгъэ зищIыжыну, къинэмыщIхэр. Махуэ 49-рэ дэкIа нэужь, иужьрей унафэр - и псэр Iэмал щхьэхуэкIэ хихыжыну унафэ къыхуащI. Махуэ 50-кIэ уи дзыхьым щIэт сабийм и щхьэм пхуимылъхьэн щыIэ, ари - укъимылъагъуу. ЩIэпхъаджащIэхэм лIэныгъэр хуитыныгъэм и дамыгъэ хуэдэу къралъхьэ сабийхэм я щхьэкуцIым. Апхуэдэ щIыкIэу яцIыхуу хуам яхурикъуну, ятекIуэну къагъэгугъэурэ, сабийхэр къэгъазэ зимыIэж щыхупIэм ирашалIэ.

ГъэщIэгъуэнращи, иджыпсту зищIысыр къэпщIэну и лъэужь епшажьэмэ, «джей щIыхур» къазэрыфIэщIым хуэдэу зэрымышынагъуэр, журналистхэм хьэгъапхъагъ къагъэлъагъуэ хуэдэу жызыIэхэм уаIууэнущ. Абы къикIыр щIэпхъаджащIэхэм къащхьэщыжын къызэрагъуэтарщ. ЦIыхур зиукIыжыным езыхулIар хабзэм ирашалIэ пэтми, ныбжьыщIэхэм интернет IэмалкIэ зезыгъэукIыжыр абы хебгъэубыдэну гугъущ, сабийм зыкъыпызыщIэхэр къыздитхыкIыр къэбгъуэтыну зэрымытыншым къыхэкIыу.      

«Джей щIыхум» зыхашэ Урысейм, Къыргъызым, Къэзэхъстаным, Украинэм щыщ сабийхэр. Психологхэм зэрыжаIэмкIэ, лIэныгъэм уезышалIэ интернет гупхэр апхуэдизу щIэбэгъуам и щхьэусыгъуэр ныбжьыщIэхэм зэманым я нэхъыбэр я закъуэ зэрырахьэкIырщ. Дауэ-тIэ адэ-анэхэм къызэращIэнур я сабийр и щхьэ зэрыхуимытыжыр? ЗыкъыппащIэн папщIэ, дамыгъэ щхьэхуэхэр щыIэщ: «пщэдджыжь сыхьыр 4-рэ дакъикъэ 20-м сыкъэгъэуш», «унафэм сожьэ», «сыджэгуну сыхуейщ», къинэмыщIхэр уи напэкIуэцIым тептхэн хуейщ. НыбжьыщIэхэр ипэрей унафэхэм итхьэкъуа нэужь, къыкIэлъыкIуэр къаIэрыхьэн папщIэ, къыжраIэр ягъэзащIэ. Сыт сабийр гупым щIыхашэфыр? УпщIэм и жэуапыр хьэзырщ - и закъуэу, зыри къыхуэмейуэ зыкъызэрилъытэжырщ. Гулъытэрэ лъагъуныгъэрэ щымыщIэ ныбжьыщIэр «джей щIыхум» хэзэрыхьын дэнэ къэна, гъунэгъум пхуекIуэкIынукъым, ар и унэм щынасыпыфIэщ. Апхуэдэр зы бзаджащIэми къыхуэгъэпцIэнукъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, щIэпхъаджащIэхэр уи IыхьлыхэмкIи къобгъэрыкIуэ. КъыхуащI унафэр ямыгъэзащIэмэ, мыр, е мор фIыуэ плъагъухэм етщIэнущ къыжраIэурэ, къыхэкIыжыпIэ къратыркъым.

Сыт хуэдэ хэкIыпIэ щIэныгъэлIхэм къагъэлъагъуэр? Япэр - сабийр хамэгу-хамащхьэу къэмыгъэтэджын, цIыхум хэшэн, фIыуэ зэрыплъагъур и фIэщ пщIын. Сабийхэр, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр, сыт хуэдэ зэмани зэуэршэрылIэн, дзыхь зыхуищI цIыху хуэныкъуэщ. ЕтIуанэр - зыгуэркIэ апхуэдэ гуп бзаджэхэм хэзэрыхьа хъуами, ахэр зыгъэлажьэхэр узыпэмылъэщын лъэщыгъэ зыбгъэдэлъ гуэру къащымыхъун хуэдэу, къызэрыгуэкI бзаджащIэу зэрыщытыр къагурыгъэIуэн хуейщ. Ар шэч зыхэмылъыжщ, сыту жыпIэмэ, «джей щIыхум» и щэхур зэхагъэкIыну хуежьахэм къащIащ къадэджэгур къызэрыгуэкI ныбжьыщIэ цIыху псынщIэу, е балигъ акъылыншэу зэрыщытыр.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: