Зыужьыныгъэм хуэгъэпса зэгурыIуэныгъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэм и уна­фэщI Гулевский Анатолий. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м  и министр Павлов Василийрэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къу­дамэм и лIыкIуэхэмрэ.

«Динамо» спорт зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм адэкIэ и лэжьэкIэнум зэIущIэм щытепсэлъыхьащ. КъищынэмыщIауэ, ­къа­Iэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ цIыхубэр гъащIэ узыншэм дегъэ­хьэхынымрэ щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджынымрэ.
КъБР-м и Правительствэмрэ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэмрэ физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ я зэдэлэжьэныгъэм теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Докумен­-тым къыщыхьащ мыхьэнэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ зэхьэзэхуэхэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымрэ, спортым зыхуагъэсэн ­папщIэ зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным, лъагапIэ ин дыдэ зиIэ спортымрэ цIыхубэ спортымрэ зегъэужьыным ехьэлIа Iуэху­гъуэхэр.

Поделиться: