Хьэхур хьэхуу къренэж

Илъэс ныкъуэм нэблэгъагъэнщ Пицундэ зыгъэпсэхупIэм теухуауэ Абхъазым щекIуэкI зэдауэм зэрыщIидзэрэ. Парламентым хэIущIыIу имыщIу, зыгъэпсэхупIэм иубыд ухуэныгъэр Урысейм и федеральнэ IуэхущIапIэм ирита нэужь, цIыхухэм зыкъаIэтащ.

Зи гугъу ящIыр СССР-м и зэманым Хрущёв Никитэ и зыгъэпсэхугъуэр щигъакIуэу щыта щIыпIэхэм язщ. «Къэрал дачэ» цIэм къытена ухуэныгъэм епха тхыдэ напэкIуэцI куэд гукъинэжу щыIэщ. Узыншагъэм сэбэп хуэхъу уэздыгъей мэзым хэтщ зыгъэпсэхупIэр. Путин Владимиррэ Хаджимбэ Раулрэ 20I7 гъэм щызэхуэзари мыращ.

Пицундэ дачэр иджыри Адзинбэ Владислав и зэманым 1995 гъэм «пIалъэ имыIэу къагъэщхьэпэну хуиту» Урысейм иратауэ щытащ. Гу лъытапхъэщ совет къулыкъущIэхэм папщIэ яухуа дачэ куэд Абхъазым зэрыщыIэр, псалъэм папщIэ, Сталиным ейр. Мы зи гугъу ящI Пицундэм и Iуэхур 2010 гъэ лъандэрэ йокIуэкI. Дызэрыт илъэсым зэрымыщIэкIэ наIуэ къэхъуащ хэIущIыIу ямыщIу, Пицундэ дачэр 2022 гъэм и пэм хабзэкIэ Мэзкуу зэрыратар. Дэфтэр хьэзырым парламентыр арэзы техъуэн хуейти, Iуэхур утыку къыщрахьэм, зэдауэм щIидзащ. Абхъазым и парламентым и депутат Хутабэ Даут зэрыжиIэмкIэ, иджыри къэс ар щIабзыщIар цIыхухэм зэрамыдэнур ящIэрти аращ.

Лъы щIагъэжа щIым и унафэр зыми емыупщIу зэращIам и закъуэкъым цIыхухэр щIэмыарэзыр. КъэралитIым я зэхуакум хабзэхэр хэIущIыIуу, щыгъуэзапхъэр щыгъуазэу щызехьэн зэрыхуейр ищIэ пэтми, абы ебакъуэ тетыгъуэм дзыхь хуэпщI зэрымыхъунур Бжание хуэмыарэзыхэм къафIыдрехьей, Пицундэр и щхьэусыгъуэу.

«ЩIышылэм и 19-м Iэ зытрадза дэфтэрыр зэрыщыIэр дэ къыщытщIар гъэмахуэрщ, - жеIэ жылагъуэ лэжьакIуэ Гезердавэ Саид. - ЩIыр бэджэнду зэратым тепсэлъыхьын хуейщ. Мыр, япэрауэ, бэджэнду иратым ещхькъым, етIуанэрауэ, бзыщIауэ, щIэхъума защIэу зэфIаха Iуэхущ».

Зэдауэм щIидза нэужь, Бжание Аслъэн цIыхубэм я пащхьэм щыжиIащ: «Сэ си къалэныр апхуэдэу щIэтщIар вжесIэнырщ. 2020 гъэм зэIущIэ щыдиIам щыгъуэ, гуапэу, хабзэ яхэлъу зыкъысхуагъазэри, къызжаIауэ щытащ: «Дачэр дэ къэдгъэнэжыну, зыхуей хуэзауэ зетхьэну ди мурадщ, ар хьэщIэщу, Урысейм и Президентым и хэщIапIэ хуэдэу лэжьэн пащIэ». А зэIущIэм сыкъызэрикIыжу, махуитI фIэкIа дэмыкIыу, а зэманым зэхэта Парламентыр зэхуэсшэсри, псори яжесIауэ щытащ. Абхъаз лъэныкъуэр зэран зэрахуэмыхъунур жысIащ, ар фэри къывгуроIуэ».

ГъэщIэгъуэнращи, зэдауэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар а Iуэхур Урысейм и Президентым къыбгъэдэкIыу жылагъуэм я фIэщ зэрымыхъурщ.

«ЗэгурыIуэныгъэр Конституцэм пэщIоувэ, - жеIэ Гезердавэ. - Япэрауэ, ар республикэм и щIыналъэм иубыд щIыпIэм хоIэбэ. Дэфтэрым тхауэ иткъым ар Урысейм зэрыратыр. Абы ищIыIужкIэ, долъагъу щIыр республикэм зэрыфIатхьэкъур, хабзэкIи а Iуэхур щIагъэбыдэ зыгуэру. Илъэс 49-кIэ бэджэнду иратри, хуей хъумэ, зэуэ а пIалъэр «къыкIэлъыкIуэ илъэс 15 къэс» хагъэхъуэну хуитыныгъэ ират. Дауи, зэгурыIуэныгъэм къарур щыфIэкIуэд щхьэусыгъуэри къыжыIащ, ауэ щратым ита ухуэныгъэхэр зратам ейуэ къонэ абы щыгъуэми. Ар мыгурыIуэгъуэу зы. ЕтIуанэу, щIыр зыми иратыпэну хуиту зыщIыпIэ дежи щыжыIакъым, ауэ щыхъукIэ, мы Пицундэ дачэм и Iуэху зыIутынури гурыIуэгъуэкъым, сыту жыпIэмэ, ухуэныгъэр абы къедза щIыпIэр имыгъусэу лажьэркъым».

«Сэ сытепсэлъыхьынукъым иджыпсту Урысей лъэныкъуэм. Зи гугъу тщIыр дыщIэгузавэ гуэрхэр щыIэщи, ар Iуэхум хэдгъэкIыну дыхуейуэ аращ», - жеIэ Хутабэ Даут.

Зэдауэр иджыри и кIэм нэсакъым. Абхъаз цIыхубэм я нэхъыбэм шэч къытрахьэркъым Пицундэм и хъуреягъкIэ екIуэкIыр Урысейм и Президентым зэрыщабзыщIым. Уеблэмэ жылагъуэ лэжьакIуэхэм хуагъэфащэ къэралым и лIыщхьэм и цIэр къагъэсэбэпу, зыгуэрхэм Пицундэр езыхэм зыIэрагъэхьэну мурад ящIауэ. Аращ зэдауэм зыщIрагъэубгъуари, Бжание Аслъэн и унафэм арэзы щIытемыхъуэри.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: