Троер зытекIуэдэжар зы мыIэрысэщ

Иужьрей илъэс зыбжанэм гу лъыптэу Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ гъавэшхуэ кърехьэлIэж. МыIэрысэри, кхъужьри, щIымэракIуэри, мамкъутри, абыхэм къахыхьэжа къыпцIэри, мэракIуащхъуэри щIыналъэр фIыкIэ къызэрацIыху хъугъуэфIыгъуэ хъуащ. «Урысейм мыIэрысэу къыщрахьэлIэм и процент 80-р Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэкI», - зэрыжаIэми ди щхьэр лъагэу дегъэIэт, «мыIэрысэ жэнэт» къызэрытфIащари щхьэхуэу дигухэм йохуэбылIэ.

Гъатхэ кIасэм къожьэ япэ мыIэрысэхэр. Ауэ ипэрей илъэсым къыщIаха гъавэр ямыухыу, илъэсыщIэм ейр мэхъу. ЗыщIыпIи кърамышауэ, ди республикэм щагъэкIа пхъэщхьэмыщхьэхэр ерыскъы щапIэхэм телъ зэпытщ щIымахуэм и кIыхьагъкIэ. Псы щIэгъэлъэдэкIэ IэмалыщIэхэр къызэрежьэрэ, мыIэрысэ хадэхэр нэхъыбэж щыхъуащ ди щIыпIэм. Нэхъыщхьэращи, цIыхухэм ящIэнрэ яшхынрэ ягъуэт. Мы гъэми мыIэрысэ гъавэшхуэкIэ мэгугъэ хадэгъэкIхэр. «РБК Кавказ» хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, 2023 гъэм КъБР-м мыIэрысэу тонн мин 685-рэ (нэгъабэрейр зэрыхъур тонн мин 680-рэт) щыIуахыжыну щогугъ. Уней IуэхущIапIэхэм а бжыгъэр щынос тонн мин 35-м. МыIэрысэгъэкIхэм ялъэкI къагъэнакъым республикэм и дамыгъэ хъуа пхъэщхьэмыщхьэр зэрыдикуэдыр цIыхухэм ирагъэлъагъун папщIэ. Уеблэмэ Сосрыкъуэ и теплъэр мыIэрысэ зэмыфэгъухэм къыхащIыкIри, Абхъаз утыкум блын псо щаухуауэ щытащ Мэкъумэш хозяйствэмрэ промышленностымрэ я махуэр щагъэлъэпIа жэпуэгъуэм и 8-м.

Зэрелэжь щIыкIэм зэманым декIуу зихъуэж щхьэкIэ, мыIэрысэр ди лъэпкъым лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ къыдогъуэгурыкIуэ, IуэрыIуатэ щхьэхуэ иIэжу. «Нартхэм я дыщэ жыг» хъыбарыр дигу къэдвгъэгъэкIыжыт. МыIэрыситIым я зыр пщэдджыжьым къыпыкIэрти, пщыхьэщхьэ пщIондэ хъурт. Ар цIыхубзхэм Iуагъахуэрт: Сэтэней гуащэ и унафэкIэ, хъыджэбз зиIэну хуей лъэпкъым я нысащIэр мыIэрысэм и джабэхум едзакъэрти, дыщэ щхьэц зытет пщащэ дунейм къытехьэрт. Джабэплъым щыщ Iухуэмэ, хуэдэ умыгъуэтыну нарт щауэ къахэхъуэрт. Адрей мыIэрысэр къызыпыкIэр жыгым и щхьэкIэрт. Ар мазихкIэ хэхъуэрти, иджыри мазихкIэ хъурт. А мыIэрысэр яшхмэ, жьы хъуа нартхэр щIалэ, къарууфIэ хъужхэрт. Апхуэдэ защIэу екIуэкIащ Емынэжь щIалэ зищIыжыну хуейуэ, Сэтэней гуащэ деж къэкIуэху. ЗыкъримыгъэцIыхуну и нэкIур щIихъума щхьэкIэ, Сэтэней къыпхуэгъэпцIэнт? «Уэ цIыхухэм лей куэд епхащи, а мыIэрысэм и фIым укъищтэнукъым, пшхыкIи щIалэ ухъужынукъым», - жриIащ, зыри иримыхьэкIыу. «НтIэ, сэ сIумыхуэнумэ, нартхэри хрекIыж а жыгым», - жиIэри, Емынэжь дыщэ жыгыр къричащ. Абы иужь къыщIэкIынщ нартхэм жьы хъуахэр бгым ирадзыхын щыщIадзар. Ауэ «емынэжьхэм» дыщэ мыIэрысэр зыIэрагъэхьэн папщIэ, ялъэкI къызэрамыгъанэм и щыхьэт жагъуэхэр ди нобэми къэсащ, уеблэмэ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа гъэлъэгъуэныгъэм ди нэгу щыщIэкIащ. МыIэрысэ зэмыфэгъукIэ дращIея Iуащхьэмахуи зыфIигъэлIыкIыфакъым хъийм икIа «гуащIэрыпсэухэр» а махуэм. Мы щапхъэ закъуэр хэдубыдыкIа щхьэкIэ, махуэшхуэхэм пщIэншэу ягуэш ерыскъым хьэлыншэу кIэлъыпхъуэ цIыхубзхэм къызэранэкIауэ зэхэтхыжыр зы хъыбаркъым икIи хъыбаритIкъым. Дауи, «си напэ зытесхыжынщ» жиIэу, зыри утыку ихьэркъым. ИтIани, зыкIэлъыплъыжыныр, зышыIэныр, уи щхьэ уебэкъуэныр, хьэлэлыныр япэ изыгъэщ ди лъэпкъ хьэлым хуэмыфащэ «мыIэрысэ гуэшыкIэ» къызэрыдублам зи гугъу тщIы махуэшхуэм и IэфIыр зэрыщIихам шэч хэлъ?!

Дунейпсо щэнхабзэм «къаугъэ къызэрыкIа мыIэрысэ» жеIэри, псалъафэ гуэр щызокIуэ, пасэрей алыдж IуэрыIуатэм ирапхыу. Гомер и IэдакъэщIэкIхэу «Илиадэ», «Одиссея» тхылъхэм феджэну къыфхуихуамэ, Трое къалэр зытекIуэдэжар зэ IуплъэгъуэкIэ Iуэху цIыкIуу къыпфIэщI Парис и мыIэрысэ гуэшыкIэрщ. А хъыбар кIыхьыр мыбдежым тхуигъэзэгъэнкъым, ауэ, ди хэкуэгъу лъапIэхэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр мыIэрысэкIи нэгъуэщI пхъэщхьэмыщхьэ куэдымкIи хъарзынэу къызэрызэгъэпэщам пцIы хэлъкъым, уи ерыскъы зыхэлъри зыщIыпIи кIуэнукъым. Ауэ ищхьэкIэ къэтхьа нарт хъыбарым къызэрыхэщщи, ди пхъэщхьэмыщхьэхэм я сэбэп къыдэкIын папщIэ, ар хэтсэрэ Iутхыж къудей мыхъуу, «емынэжь хьэлыр» зыхэдныпхъэщ. МыIэрысэ гъавэшхуэ республикэм къыщетхьэлIэж щхьэкIэ, абы и IэфIри ифIри зылъысынур лей зезымыхьэрщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: