Хэт гъудэхэм хаубыдыкIыр

Гъэмахуэ хуабэм цIыхухэр пэщIоувэ а зэманым ерыщу къызэщIэрыуэ гъудэхэм. ЦIыхухэм Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыщахъумэну хэтщ лъыифхэм. Ауэ адрейхэми тыншу затыркъым. Хэт атIэ гъудэхэм нэхъыбэ дыдэу ягъэбампIэр?

Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къалъытэ гъудэхэм зэдзэкъэнур къыхахын ипэ Iуэхугъуищ зэфIагъэкIыу. Япэу абыхэм мэ къащIехьэ. ЦIыхум метр 50-кIэ пэжыжьэу абыхэм зэхагъэкIыф хэт ебгъэрыкIуэнуми. ИтIанэ зытетIысхьэнур зэрагъэлъагъу. Гъудэхэр апхуэдэуи нэ жанкъым, ауэ цIыхум зигъэсысмэ щIэхыу гу лъатэ. Апхуэдэм деж, метр 15-кIэ зыпэжыжьэ цIыхур къелъагъу. МетрищкIэ цIыхум пэгъунэгъу хъуа нэужь, абы и хуабэри зыхещIэ - тетIысхьэу едзэкъэну хьэзырщ. КъызэралъытамкIэ, цIыхум и фэм и микрофлорэми елъытащ гъудэхэм хэт илъ ирифыну къыхихынуми. ЦIыхум и Iэгум химическэ пкъахуэу 346 къыщагъуэтащ щIэныгъэлIхэм. Абыхэм ящыщу 227-р гъудэхэм яфIэфIщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрабжамкIэ, цIыхухэм я процент 20-м псом хуэмыдэу гъудэхэр нэхъ яхуэлъэщ. Абы иIэщ щхьэусыгъуэ.

Зи лъыр I гупым хиубыдэхэм нэхъыбэу йодзакъэ гъудэхэр. НэгъуэщI зы щхьэусыгъуэщ цIыхум и пшэрагъыр. Зэрыхабзэщи, цIыхур щыбауэкIэ, хьэуам хохьэ абы къыжьэдэкI углекислэ газыр. А газым и куэдагъым гъудэхэр нэхъри кърешалIэ. атIэ нэхъ пшэрхэр куэдкIэ нэхъ куууэ мэбауэ. Лъыифхэм щIэх дыдэу къащIихьэхэм ящыщщ пивэм и мэри. Тыншу къащIехьэ пщIэнтIэпсымэр – ари зы щхьэусыгъуэщ.

А псом къыдэкIуэу, бактерэхэм языныкъуэ лIэужьыгъуэхэм гъудэхэр кърашалIэ. Ауэ абыхэм яхэтщ лъыифхэр Iузыгъэщтхэри.

Бзылъхугъэр щыуэндэгъум деж псом хуэмыдэу гъудэхэм ягъэбампIэ, абыхэм я Iэпкълъэпкъым и температурэр зэпымыууэ зэрыиным къыхэкIыу.

Лъыифхэм гъунэгъу зыхуащIыркъым витамин B ефэхэм.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: