Къыу хужьхэм къакIэрыхуа зы

Мы сурэтыр Интернетым къитхащ, абы итхэр цIыху цIэрыIуэ дыдэу зэрыщытар къэтлъытэри. СурэтыщI цIэрыIуэ Дали Сальвадор къыбгъэдэсыр куэдым я гур зыхьэхуа балеринэ, тхакIуэ, скульптор, актрисэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа бзылъхугъэ дахэ Щамырзэ Моникэщ (Черинэ Людмилэ). Ар щытрахауэ къэгъэлъэгъуар Париж дэт «Лидо» кабареращ, 1969 гъэм и бжьыхьэм.

Зы лъэхъэнэ щыIащ, абыхэм я цIэр газет напэкIуэцIхэм темыкIыу. Щамырзэ Моникэ нэхъ ипэкIи дытетхыхьащ, ауэ фигу къэдгъэкIыжынщи, ар хэкум иIэпхъукIа, урысеидзэм и полковникыу щыта Щамырзэ Авенир и унагъуэм 1924 гъэм къыщалъхуат, и анэр франджыт. Хъыджэбз цIыкIум Моникэ фIащами, иужькIэ утыку итын хуей щыхъум, дунейпсо балетым и лIыхъужь хъуа Лифарь Серж къыхуигупсысащ Черинэ Людмилэ цIэ лейр.

Абы и гъусэущ, 1942 гъэм Париж дэт Плейель пэшым Щамырзэр япэу утыку къыщихьар, «Ромео и Джульетта» балетым партие нэхъыщхьэр щигъэзащIэу. КъыкIэлъыкIуэ гъэм, илъэс 19-м иту, ар щхьэгъусэ хуэхъуащ утыкум къыдит Одран Эдмон. АрщхьэкIэ я насыпыр кIыхьтэкъым - илъэсиблкIэ фIэкIа зэдэмыпсэуауэ, Эдмон машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдащ. Гуауэ зиIэ цIыхубзым утыкур илъэс зыбжанэкIэ ибгынащ, сурэт щIынымрэ скульптурэхэм елэжьынымрэ зритри.

1948 гъэм Людмилэ хэтащ «Красные башмачки» художественнэ фильмым. 1950 гъэхэм икухэм утыкум ар къихьэжащ, дуней псор къызэхикIухьурэ, СССР-ми 1959 гъэм къэкIуащ. Театр Иным абы щигъэлъэгъуат Жизель и партиер. Балетым къыхэкIыжа нэужь, цIыхубзыр ирилэжьащ къигъэIэрыхуа и IэщIагъэхэм - сурэтхэмрэ скульптурэхэмрэ. И Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэ дыдэ хъуар Страсбург дэт Европарламентым и IуэхущIапIэм и гупэм щагъэува «Европэр ди гущIагъщIэлъщ» скульптурэрщ. Ар 1991 гъэм Европэ зэгухьэныгъэм и дамыгъэ ящIат.         

Щамырзэ Моникэ теухуа зы фильм сэри сеплъат, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унафэщIу щыта Вэрокъуэ Владимиррэ Мартиросовэ Ринэрэ Париж щытрахауэ.

ИщхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, Iэзагъэшхуэ бгъэдэлъами, Щамырзэ Моникэ куууэ зыхищIащ закъуэныгъэм и хьэлъагъыр. Ар Вэрокъуэ Владимир иригъэщхьат Франджым емыжьэ щIыкIэ Кавказ къуршхэм щхьэщылъэтыкIыу илъэгъуа къыу хужьхэм къакIэрыхуа зым. Къуалэбзухэр лъэтэжырт, абыхэм якIэлъеIэми, зикI, абы къехъулIэртэкъым… А теплъэгъуэр фильмым и щIэдзапIэт, цIыхум лъэкIымрэ хузэфIэмыкIынумрэ япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ уригъэгупсысу. Лэжьыгъэм фIащари гурыIуэгъуэщ - «Одинокий лебедь». Моникэ къыум хуэдэу дахэщ, гуапэщ, хьэлкIэ пагэщ, ауэ икIи и лъагъуныгъэр щыфIэкIуэдым, и псэр зыхэлъ къафэри пIалъэкIэ IэщIыб ещIыф, и жьы хъугъуэм - и закъуэу, быныншэу къонэ. ИтIани, Щамырзэ Моникэ хузэфIэкIар мащIэу пхужыIэнукъым - цIыхум ягу къызэринамрэ Франджым абы и гугъу зэрыщащIымрэ урикъунщ…

Вэрокъуэ Владимиррэ фильмыр тезыхыу абы и гъуса гупымрэ IущIауэ щытащ ди хэкуэгъу бзылъхугъэр гъунэгъуу зыцIыхуа зыбжанэм. Дэтхэнэми къыхигъэщырт къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэрэ теплъэрэ Щамырзэм далъагъуу зэрыщытар (и адэ Авенир адыгэ уэркът, пащтыхьым и полковникыу щытащ), и хьэл-щэныр зэфIэувэнымкIэ щапхъэ зытрихар, езы Моникэ къызэрилъытэу щытамкIэ, и адэр зэрыарар. «Зы Iуэху гуэр иIэмэ, и кIэм нимыгъэсауэ ар шхэнутэкъым, жеинутэкъым, абы къыхэкIкIи сурэт щищIкIэ, скульптурэм щелэжькIэ гупсысэ гъэщIэгъуэн куэд утыку кърихьэрт. Франджы бзылъхугъэхэм я нэхъыбэм ар къахэщырт хэлъ гущIэгъумкIэ, иIэ гукъэкIымкIэ, цIыху хьэлэлу зэрыщытымкIэ. А псор абы бгъэдэлъа зэчийм я щIыIужкIэ…», - жеIэ франджы журналист Мазено де Софи.

Фильмыр тезыха гупым зрагъэлъэгъуащ, дэри ди пащхьэ кърахьащ Франджым щыпсэуа балеринэ цIэрыIуэр зыщIэса унэм нобэ иIэ теплъэр, къинэмыщIауэ, ахэр епсэлъат Моникэ и ныбжьэгъуу, дэIэпыкъуэгъуу илъэс 40-кIэ дэгъуэгурыкIуа Ансален Жан-Клод, щIэтащ бзылъхугъэр иужьрейуэ щалъагъужа члисэми. «И псэр щыхэмытыжми, ар нысащIэ хужьым ещхьт сыщыIуплъам. И Iэпэхэр, и Iэпкълъэпкъыр сурэту щIа фIэкIа пщIэтэкъым», - жеIэ фильмым хэтхэм ящыщ зым.

«Налшык» НОТР-м къигъуэтащ фильм 18-м щыджэгуа, балеринэ гъуэзэджэу щыта Черинэ Людмилэ къыщыгъэлъэгъуа видео архивхэри.

Бзылъхугъэр 2004 гъэм гъатхэпэм и 21-м дунейм ехыжащ, Монмартр кхъэм щыщIалъхьащ. Абы и кхъащхьэм трагъэуващ нэхъ цIыкIуу ящIа «Европэр ди гущIагъщIэлъщ» скульптурэр.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: