Лъэпкъым хабзэм и къэгъэшыпIэхэр…

«Кавказфильм» киностудием мы зэманым республикэм щытрех «Невиновен -2» (е «Кровник») зи фIэщыгъэ фильм. 2019 гъэм ягъэлъэгъуауэ щытащ адыгэ режиссёр ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» фильмыр. «Кровникыр» абы къыпызыщэщ, и етIуанэ Iыхьэщ. ФильмыщIэм дыпэплъэу, абы и пэ къитар дигу къэдгъэкIыжыну, къызэпкъырытхыжыну тфIэигъуэщ.

Лъэпкъ хабзэм къару лъэщ зэрыщIэлъым щыхьэт хуищIа «Невиновен» фильмымкIэ къызыхэкIа лъэпкъым къуэпс быдэкIэ зэрыпыщIар игъэлъэгъуащ режиссёрым. Ар адыгэ хабзэм, лIыгъэм, напэм, адыгэ зэхэщIыкIымрэ зэхэщIэкIэмрэ теухуащ. ЛIыхъужь къэс - гъащIэ щхьэхуэщ, лIыхъужь къэс дуней тетыкIэ ягъэлъагъуэ, лIыхъужь къэс уагъэгупсысэ, куэдым уи гур ягъажэ. Фильмым и лIыхъужь нэхъыщхьэу сэ тIу слъэгъуащ. Айтэч нэмыщI, ар Хьэлыуэщ. ЛIыхъужь къэс, Iэджэм уи гур ягъажэ жысIатэкъэ… атIэ мис: адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ нэщэнэу, угъурлыгъэу щытщ къуажэ, жылэ къэс Хьэлыуэ хуэдэ делэ дэсыну. Абы жылэр къихъумэ хуэдэщ. Мыбдеж си гур жащ Нало Заур и «Хьэбалэ и пхъэ гуащэ» новеллэми

Телъыджэкъэ! Делэм нэхъ губзыгъэ хэткъым фильмым! Моуэ сегупсысащ: дунейм къытехьа нэужь, щIэныгъэ - акъыл жыхуэтIэм и лъэныкъуэкIэ и зыужьыныгъэр къызэрызэтеувыIам и псэр фIеягъэм щихъумауэ пIэрэ?! - и псэ къабзагъыр и делагъым къыхэкIыу пIэрэ, жыхуэсIэщ. Хьэлыуэщ фильмым деплъыху зызыхуз ди гум пIалъэ-пIалъэкIэрэ жьы Iубыгъуэ дезыгъэхужыр, дыкъыпызыгъэгуфIыкIыжыр. Мыбы и образыр нэхущ. Сэ зы упщIэшхуэ къысфIыдрехьей: сыт щхьэкIэ?! Хьэлыуэ щхьэ хэкIуэда?! Мыбы и лIэныгъэмкIэ сыт режиссёрым жиIэр? Мыбы и укIыгъэм мыхьэнэ иIэми, сэ ар зыхэсщIакъым - къызгурIуакъым. Мыр згъэпсэунут… Мис абы и укIыгъэм хэслъэгъуар - лъэпкъым къэзыхъумэн иIэжкъым. Мыбдеж аргуэру зы Iуэхугъуэшхуэ дыдэ къоув. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Iуэху зэIыхьар нэхъ щабэ щыхъужым нэгъуэщI зы шынагъуэжу къоунэху.

Режиссёрым а псом хуэкIуэу къыхихащ и лIыхъужьхэр. Айтэч адыгэлI зэпIэзэрытым и щапхъэщ. Ар имычэзууэ щыгубжьам дежи, и губжьыр Iэпкълъэпкъым щызэщIекъуэжри, и IэштIымым иреубыдэжыф. Айтэч и шыфэлIыфэр къызэпкърихыу, режиссёрым дыкIэлъегъэплъ щIыуэпсым и уардагъым. Хьэуа къабзэр, къыр лъагэхэр, губгъуэ бжэныр - мыхэр хуитыныгъэм и нэщэнэу къыбгуроIуэ. Айтэчи апхуэдэщ - и псэм, и гупсысэм хуитыж цIыхущ - аращ япэ дыдэу цIыхум и хуитыныгъэр. Псалъэм папщIэ, мыбы Мурат хуэдэу лъы щIэжыным и нэр къыщхьэрипхъуэркъым. АтIэ лъэпкъ щыхъукIэ, абы къыхокI нэхъ ихъу-илъхэр. Фильмым деж ар Муратщ. Абы и образри нэсу зфIэгъэуващ. И лъыр пщтырщ - аращ зэмыгупсыса дэтхэнэ лъэбакъуэми и щхьэусыгъуэр.

Зерэ! Мыр адыгэ анэм апхуэдизу пэгъунэгъу хъуа образщи, и гурымыкIэ къудеймкIэ игу щыщIэу хъуар зыхыуегъащIэ.

ЛъыщIэжыр къэзыгъэувыIэр хабзэрщ. Лъэпкъым ейуэ зыгуэрщ лъыщIэжри, къапщтэмэ. Ауэ ар къэзыгъэувыIэф хабзэр нэхъ лъэщыжщ. Лъэпкъ хабзэр образ щхьэхуэу щыпхышащ фильмым. Аращ абы и тегъэщIапIэри.

Хей зыукIам зищIэжащ - тезырым хуэхьэзыру къыдэуватэкъэ ар пщIантIэм - аракъэ къыщIелари! ЗищIэжат, къигъэзэжат. Урыс щIалэр гъуэгу пэжым тезышэжар адыгэ унэм щилъэгъуа зэхэтыкIэ хьэлэмэтырщ. Мыбдеж, бийуэ щытми, хьэщIэщи, ерыскъым я нэхъыфIыр щрагъэшх, сытми щахъумэ. Телъыджэкъэ! Ар лъэпкъ хабзэм и къару лъэщщ. Апхуэдэ зэхэтыкIэм зэхэтыкIэм ар хьэщыкъ ишIат, и гъащIэр и нэгу щIагъэкIыжати, тезыр нэхъ шынагъуэ дыдэми хуэхьэзырт… Хэбгъэзыхьмэ, тезыр нэхъ шынагъуэр и псэм хьэлъэу телърат абы иджы. Мыдрейм хуэхьэзырт… Аргуэру си гур жащ… лъэхъуэщым… Илъэс зыбгъупщI ипэ, журналист гуп сахэту бзылъхугъэхэр щаIыгъ колоние сыщыIат. Бзылъхугъэ щIалэ дыдэ (и цIэри си гум изубыдащ) наркотик IуэхукIэ ягъэтIысауэ тезыр ихьт. Абы жиIауэ щытащ: «Лъэхъуэщыр сызыщыщIэгупсысыжа - къыщызгъэзэжа щIыпIэщ, мыбы сыкъихуа нэужь къызгурыIуа псор си щхьэ и сэбэпыжщи, игъащIэкIэ къысщхьэпэнущ - есхьэкI пIалъэри си псэм и хущхъуэщ»…

КъызэрысщыхъуамкIэ, фильмыр зэман нэхъыбэм нэхъыфIыжу изэгъэнут. Зэманым тIэкIу къикъузауэ пIэрэ щыжыпIэ урохьэлIэ. Моуэ Iуэхур иныщэу… иджыри къызэпкърыхын хуейуэ.

ИкIэм. Сэ фильмым сигъэгушхуащ. Мыр адыгэ щIалэм трихащ фIыуэ тлъагъу актёрхэр щыджэгуащ, лъэпкъ Iуэху къыщыгъэлъэгъуащ, къехъулIащ. Псэ хуабагъэ хэлъщ фильмым - гугъэ къует!

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: