Бзэм и псэр - щIэблэрщ

Фызэрыщыгъуазэщи, «Си бзэ - си псэ, си дуней» хэгъэгупсо зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэмрэ къуа­жэхэмрэ чэзууэ щокIуэкI.

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм иджыблагъэ а Iуэхум егъэщIылIа зэхыхьэ дахэ Iэтауэ щрагъэкIуэкIащ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуа­лэм я IуэхухэмкIэ министерствэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэмрэ я жэрдэмыр адыгэ щыпсэу нэгъуэщI республикэхэми къы­щыдаIыгъауэ а Iуэху щхьэпэм кIуэ пэтми зеубгъу, йофIакIуэ, нэхъ дахэу, щIэщыгъуэу къызэрагъэпэщ зэпытщ. Абы и щыхьэтт иджырей зэхыхьэри.
Хабзэмрэ бзэмрэ хуэсакъыу щахъумэ къуажэжьым и ды­хьэпIэм  хьэщIэхэм щапежьащ адыгэ ныпыр хуарзэу зыIыгъ, ­фащэ екIухэмкIэ хуэпа шууей- хэр.
Къуажэ администрацэм и тхьэмадэ КIуащ Владимир, курыт еджапIэм и унафэщI Тумэ Валентинэ, нэхъыжьыфI, егъэджа­кIуэ Джэрмэншык Хьэжмурат, ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Шэрий Ислъам сымэ, егъэджа­кIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ фIэхъус гуапэкIэ зыхуагъэзащ хьэщIэхэм.
Абыхэм къахуеблэгъат КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэм­рэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэм лъэпкъ егъ­эджэ­ныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Мыз Залинэ, Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэрэф Му­радин, Тэрч щIыналъэм Егъэ­джэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Вэрий Маринэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЕджапIэ бжэIупэм теплъэгъуэ кIэщI къащыпэплъэрт хьэщIэхэм. Инарыкъуей къуажэр зэры­цIэ­рыIуэ «Инарыкъуей мафIэсым и уэрэдыр» гум хыхьэу абдеж щагъэзэщIащ Джэрмэншык Хьэжмуратрэ Шэрий Ислъамрэ. Макъ дахэ зиIэ нэхъыжьитIым я фащэри екIут, я адыгэбзэри дахэт.
НэхъыжьыфI и хьэлу, абыхэм чэзур фащэкIэ хуэпа школакIуэ цIыкIухэм ирата иужь, уэрэдрэ усэк­Iэ зэхэухуэна теплъэгъуэ гъэ­щIэгъуэн къызэхуэсахэм я пащхьэ ирахьащ. УакIэлъыплъ пэтми защыбгъэнщIыртэкъым, сабий садым щеджэ цIыкIухэр адыгэ фащэкIэ хуэпауэ, ятIэ фоч джэгуу бжэIупэм зэрыIусым (ари сценарием щыщт).
АдэкIэ хьэщIэхэм ирагъэлъэ­гъуащ «Сыту дахащэ мы дунейр!» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэр. Адыгэ фащэм, абы и тхы­дэм, пкъыгъуэхэм яIэ мыхьэнэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэр къы­зэ­зы­гъэпэщар Лыкъуэжь Заремэщ (сабийхэм я IэпщIэлъапщIагъым зезыгъэужь гупжьейр егъэ­ла­жьэ). НыбжьыщIэ цIыкIухэм лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ яIэ зэ­фIэкIыр щагъэлъагъуащ абдеж: хэти хуэIэижьу дыщэидэ ищIырт, хэти уагъэ Iэзэу зэIуищэрт.
АдэкIэ ягъэхьэзырар арати, егъэджакIуэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм къызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ. Гъэ еджэгъуэщIэм яIэ ехъу­лIэ­ныгъэхэмрэ щIэуэ къыхалъ­хьа­хэмрэ щытепсэлъыхьым, нэхъ тегъэщIауэ и гугъу ящIащ бзэм, лъэпкъым теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм. Школым щIэх-щIэхыурэ зэIущIэ гъэщIэ­гъуэнхэр, литературэ пшыхьхэр къыщызэрагъэпэщ, ныбжьыщIэ театр яIэщи, спектаклхэр ягъэув, республикэпсо дауэдапщэхэм хэтщ. АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Iэзэ Хьэрэдурэ Эммэ и фIыщIэ мы Iуэхум зэрыхэлъыр къыхэгъэщыпхъэщ.
ЗэIущIэм хуагъэхьэзырат еща­нэ классым щIэс цIыкIухэм я дерс (я егъэджакIуэр Щомахуэ Марианнэщ). Сабийхэм адыгэбзэр фIыуэ зэралъагъур, абы зэрыхуэшэрыуэр нэIурыту къагъэлъэгъуащ, хьэщIэхэр ягъэгуфIэу.
Еханэ классым химиемрэ биологиемрэкIэ дерс щитащ егъэджакIуэ КIуащ Ларисэ. «Адыгэ фIэщыгъэцIэ иIэу ди щIыпIэм къыщыкI къэкIыгъэхэр» дерсыр щIэныгъэм хэзыгъахъуэт. Блы­ным проекторымкIэ къытрагъа­дзэ удз лIэужьыгъуэм и адыгэ­цIэр, ар зи хущхъуэгъуэр къаIуры­щэщу жаIэрт еджакIуэ цIыкIухэм. Сыту гухэхъуэт апхуэдэ адыгэбзэ зыщIэ щIэблэм уахэплъэну! ЩIы­уэп­сым и дахагъым, абы и сэбэ­пынагъым теухуа усэкIэ зэхуа­щIыжащ а дерсыр.
Бзэм и къарур ар къыщыбгъэсэбэпым, къэзыгъэсэбэпым елъытащ. А гупсысэм ухуишэрт географиемкIэ егъэджакIуэ КIэрэф Рустам «ЩIым и къулеигъэмрэ минерал гъэтIылъыгъэхэмрэ» фIэщыгъэм щIэту игъэ­хьэзыра урокым. ЦIыхухэмрэ дунеймрэ зэрызэпыщIам, зыр-зым и сэбэпу, щIэгъэкъуэну къы­зэрызэдекIуэкIым тепсэлъыхьри, щIым и къулеигъэмрэ минерал гъэтIылъыгъэхэмрэ зэхатхыкIащ. Абыхэм теухуауэ егъэджакIуэм игъэхьэзыра псалъэзэблэдзыр зэ­пеуэу къащIащ ныбжьыщIэ-   хэм.
Анэдэлъхубзэмрэ литерату­рэм­кIэ дерсыр езыгъэдж Хьэрэдурэ Эммэ и деж иригъэблэгъа хьэщIэхэм щIэщыгъуэ куэд къапэплъэрт. Щомахуэ Залинэ и «Мадоннэ» рассказыр и лъабжьэу, «Псэуз хущхъуэ щыIэкъым, уемылIалIэ» фIэщыгъэм щIэту 9-нэ классым щIэсхэм ядигъэ­хьэзыра урокым япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ хьэщIэхэр зыIэпишат. Эммэ къедаIуэхэр щигъэгъуэзащ Iуэтэжым лъабжьэ хуэхъуа Iуэхугъуэр гъащIэм къызэрыщыхъуам, тхыгъэм щIэлъ гупсысэм. Рассказым къы­зэрыщыхьамкIэ, быным и зэранкIэ анэр уэрамым къыдэнат. Зэпеуэ щIыкIэу къызэрагъэ­пэща дерсым классым щIэсхэр гупитIу щызэныкъуэкъуащ. Япэ гупым балигъ хъуа быным адэ-анэр зэран къахуэхъуу къалъы­тэрт, адрейхэм адэ-анэм и зэран быным емыкIыну жаIэрти, абы яхутекIыртэкъым. Гуапэт «зэ­дауэм» адэ-анэхэм ящыщи къы­зэрыхыхьар. Узыгъэгупсысэщ абыхэм къаIэта Iуэхур. ФIыгъуэу иIэр быным хуэзыгъэфащэ адэ-анэм я гулъытэмрэ хуабагъымрэ ятхьэлэу къызыщыхъу бын куэд щыIэщ, ауэ я насыпщ адэ-анэм я IэфIагъыр къагурыIуэу, абыхэм я гулъытэм хэсыхьу псэухэм. А гупсысэр зи щхьэм, зи псэм иримыжа а пэшым щIэсауэ къы­щIэкIынкъым, арагъэнт языныкъуэхэм я нэпсыр яхуэмыIыгъыу адэ-анэм къащIыщхьэщыжари. Арагъэнщ ахэр дапхуэдизу гуа­щIэу зэпэщIэмытами, быным дежкIэ адэ-анэм нэхъ лъапIэ зэ­рыщымыIэм, ахэр псэуху пхузэ­фIэкIымкIэ защIэбгъакъуэу, уа­хуэ­сакъыу я гур пхъумэныр бы­ным и къалэн нэхъыщхьэу зэры­щытым ехьэлIа гупсысэмкIэ иужьым арэзы щIызэдэхъуари. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым курыт еджапIэм щIэс цIыкIухэм я гупсысэкIэри я адыгагъэри. Нэ­рылъагъут тхакIуэм къиIэта Iуэ­хур а цIыкIухэм куууэ зэрызы­хащIар. Абы и щыхьэтт еджакIуэ Хьэщэ Камиллэ «Мадоннэ» рассказым гъэщIэгъуэныщэу ­хуищIа су­рэ­тищри. Зым Мадоннэ и хьэ цIыкIур и гъусэу пщыIэм щIэсщ, адрейр Iуэтэжым къы­хэщ су­рэтыщIым ищIауэ щыта сурэтращ, ещанэр Мадоннэ уэрамым къыдэмынамэ, иIэнкIэ хъуну гъащIэ дахэм щыщ теплъэгъуэщ.
«ЦIыхугъэншэм удэпсэу нэхъ­рэ цIыхугъэ зиIэм удэкIуэд», - жеIэ адыгэ псалъэжьым, абы ещхьу цIыхугъэ зыхэлъ, хабзэ зезыхьэ бы­ным, си гугъэщ, и ­адэ-анэ лей къатримыгъэхьэну. Урокым щIэса дэтхэнэ зы сабийми абы дерс къыхэфхыну къысщохъу. Куэд уи нэгу къыщIегъэувэ, куэдым урегъэгупс мы тхыгъэм.
Фи адэ-анэм фахуэфащэу Тхьэм фигъэпсэу, Алыхьым ­фхуигъэузыншэ, фхуигъэпсэу», - псалъэхэмкIэ захуигъэзащ Эммэ къызэхуэсахэм дерсым и кIэухыу.
Мы Iуэхум хэта ныбжьыщIэ цIыкIухэм къагурыIуауэ къыс­щохъу быныр адэ-анэм хуэгущIыIэ, хуэгулъытэншэ зэрымыхъунур. КъинэмыщIауэ: лъэп­къыр кIуэ­ды­жу жызыIэхэм езгъэлъагъуну сыхуейт дерсхэр, адыгэб­зэ дахэ зыIурылъ  щIэблэр, зи анэдэлъ­хубзэм псэ хьэлэлу телажьэ егъэ­джа­кIуэхэр. Инарыкъуей школым щекIуэкIа зэхыхьэр гъэхьэ­зыры­ным къарурэ зэману текIуэдар дэ тщIэркъым, ауэ абы хэта дэтхэнэми зэи игу имыхужын Iуэху и нэгу зэрыщIэкIам шэч къытесхьэркъым. Гугъу ехьа псоми фIыщIэ ин яхуэфащэщ.
 Си тхыгъэм и кIэухыу сэри жэ­уап естыну сыхуейщ мы еджапIэм къыщаIэта упщIэм. Хуэ­хъурэ тIэ адэ-анэр балигъ хъуа быным зэран? ГъащIэр Iэджэу зэхэлъщ, ауэ адэ-анэм бынымкIэ жэуап зэрахьым хуэдэу, бынми адэ-анэмкIэ жэуап зэрытхьыр хьэкъщ. ИкIи жысIэну сызыхуейр зыщ: уи адэр-анэр зэран къып­хуэхъуу къыщыпщыхъум деж ­(ап­хуэ­дэ щыIэмэ), уэ абыхэм зэран уазэрыхуэхъуагъэнкIэ ­хъуну псом зэ нэхъ мыхъуми егуп­сыс.

Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться: