Лъэпкъым псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьа

Ди газетым хъыбар зэрытетащи, Анэдэлъхубзэр хъумэным хуэунэтIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мыбы пэублэу икIи убгъуауэ къыщыпсэлъащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Езауэ Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, зи лэжьыгъэр бзэм егъэщIылIа щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр. 
 90 гъэхэм ди къэралым щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм мыхъумыщIагъэ куэд хэлъащ, ауэ пхужыIэнукъым псори Iеяуэ. Псалъэм папщIэ, лъэпкъ мащIэхэм я бзэр, хабзэр, тхыдэр нэхъ куууэ зэращIэным хущIэкъухэм я бжыгъэр хэхъуат. Апхуэдэу щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIыу, илъэс куэд щIауэ зэпэIэщIэу къекIуэкI, мы дунеижьым щикъухьа адыгэхэри нэхъ зэкIэлъыкIуэ, кIэщI-кIэщIурэ зэлъыгъуазэ хъуати псоми ди гуфIэгъуэт. Абы ехьэлIауи лэжьыгъэ щхьэпэ икIи зэмылIэужьыгъуэ куэд къызэрызэрагъэпэщым гур хигъахъуэрт. ЩIэныгъэлIхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, журналистхэр нэхъ щхьэхуит зэрыхъуам и фIыщIэкIэ къаIэтырт ипэм щыгъуэ  утепсэлъыхьыну дзыхьщIыгъуэджэу щыта щэхухэр, анэдэлъхубзэм, тхыдэм, хабзэм, диным теухуахэр. ДощIэж ахэм теухуа зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэри зэрыщытар. Абы и фIыщIэкIэ адыгэ щIэныгъэлIхэм Iэмал ягъуэтащ я блэкIар куууэ икIи пэжу къэзыгъэлъагъуэ, къэзыIуатэ тхылъ купщIафIэхэр къыдагъэкIыну. 
 Ди республикэм и Жылагъуэ палатэм анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ хуэгъэзауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм сигу къигъэкIыжам теухуауэ.Мыбы къыщыпсэлъахэр нэхъ тегъэчыныхьауэ къызэтеувыIар щIэблэм я тхыдэр, анэдэлъхубзэр фIыуэ ящIэн, ялъэгъун папщIэ адэ-анэм, гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я пщэм къыдэхуэ къалэнхэрщ.
 Щапхъэу бгъэлъагъуэ хъуну, пщIэрэ щIыхьрэ зиIэу, фIыщIэ лей зыхуэфащэу а IэнатIэм зэфIэкI яIэу псэ хьэлэлкIэ бгъэдэтахэм, ноби бгъэдэтхэм я бжыгъэр мащIэу пхужыIэнукъым. 
  Сыхуейт апхуэдэ зы цIыху гъуэзэджэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ къытхэмытыжым и гугъу фхуэсщIыну. Ар зи гъащIэри гуащIэри, гуэхыпIэ имыIэу, адыгэпсэ хэлъу щIэблэр къэгъэхъуным телэжьа, лъэпкъым хуэпэжа, цIыхугъэшхуэ зыхэлъа Бемырзэ Мухьэдинщ. Абы къиIуэтэж хъыбархэм, и гушыIэ дахэхэм, хабзэ хэлъымрэ и щэнымрэ апхуэдизкIэ узэIэпашэрти кIэухыншэу ущIэдэIуфынут. Адыгэхэм ятехуауэ зэхимыха гуэр хуэпIуатэмэ узэпимыуду, фIэгъэщIэгъуэну, щыму уи псалъэр икIэм нэсыху къодэIуэнут. ЖыпIэнуращи, нэхъуеиншэу зи адыгэ лъэпкъыр фIыуэ зылъагъу щIалэ щихъ пэлъытэт.Щыпсэу Хьэгъундыкъуейм удыхьамэ (Къэрэшей-Шэрджэс республикэ), хьэщIагъэ нэс къуимыхауэ, адыгэ тхылъкIэ къыпхуэмыупсауэ, Къэбэрдейм ис адыгэхэм я хъыбар гупсэхуу зэримыгъэщIауэ укъиутIыпщынутэкъым. Куэд щIауэ пфIэкIуэда уи зэш лъапIэ къэбгъуэтыжауэ къыпщигъэхъут. Зэманыр зэрыкIуар зыхэдмыщIэ, нэху къыщыттещхьаи къэхъуат. 
  Куэд къимыгъэщIами, лэжьыгъэфI мымащIэ зыхузыфIэкIа, къызэрыхэдгъэщауэ, адыгэлI нэсу щыта, Къэрэшей-Шэрджэсым «ЩIыхь зиIэ и егъэджакIуэ», и «ЦIыхубэ усакIуэ», «Урысейм и тхакIуэхэм я Союзым» хэта Бемырзэ Мухьэдин филологие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгэ Дунейпсо ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик БакIуу Хъанджэрий Бемырзэм теухуауэ итхыгъауэ щытащ: «Тхьэм ирещIи, дунеишхуэм тету къыщIэкIынкъым зы цIыху, гукIэ уэрэд жимыIэу е усэ зэхимылъхьэу. Гъунэжщ а гурыщIэм къалэмыр къригъэпхъуатэу усэ зытххэри, ауэ мащIэ дыдэщ усэныр гупсэ зыхуэхъухэр. Усыгъэм уи макъ щыбгъэIун папщIэ, уи цIэр жебгъэIэн щхьэкIэ жьэнахуэу, набдзэгудзаплъэу ущытыныр мащIэщ: куууэ хэпщIыкIын хуейщ философием, искусствэм, психологием, тхыдэм.
 Тхьэм и шыкуркIэ, адыгэ литературэми иIэжщ езым и вагъуэхэр. Ди усыгъэм и нурыр жыжьэу щагъэблащ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал, МэшбащIэ Исхьэкъ сымэ. Нэхъ и ужьыIуэкIэ литературэр ипэкIэ ягъэкIуэтащ усакIуэ гъуэзэджэхэу Бещтокъуэ Хьэбас, IутIыж Борис, Къуйокъу Налбий, Нэхущ Мухьэмэд, Бемырзэ Мухьэдин сымэ.
 Ди усыгъэм зэрызиужьам зи фIыщIэ ин хэлъхэм ящыщщ Бемырзэ Мухьэдин Хьэмид и къуэр.Ар I948 гъэм, мэлыжьыхьым (апрелым) и 7-м къыщалъхуащ иджырей адыгэ усакIуэхэм я «Мэчэ» хъуа Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къуажэ дахэм. Курыт еджапIэм иужь къиухащ Къэрэшей-Шэрджэс пединститутыр.I97I гъэм къыщыщIэдзауэ и къуажэ еджапIэм щрегъэдж адыгэбзэмрэ литературэмрэ. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIэблэм щIэныгъэ етынымкIэи нэхъ лэжьакIуэ пажэхэм ящыщ зыщ.
 Мухьэдин гъащIэм куууэ пхроплъыр, цIыхубэм и гукъеуэр езым и гукъеуэщ, и гуфIэгъуэр езыми и гуфIэгъуэщ, телъыджэу ядилъагъухэри егъэлъапIэр. Абы и дуней лъагъукIэри и жыIэгъуэхэри зыми хэзэрыхькъым, иIэжщ езым и Iуэху еплъыкIэ, и усэхэм  ятелъщ Бемырзэ Мухьэдин зэрейр къозыгъащIэ дамыгъэхэр.
  Абы и IэдакъэщIэкIыу дунейм къытехьащ: «Зэкъуажэгъухэр», «ЛIыгъэм и тхыдэ», «Уэрэду сиIэр уэрщ», «ДыгъафIэ уэс», нэгъуэщI тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэри.
  Хэкум, абы и тхыдэм, цIыхухэм яхуиIэ лъагъуныгъэ къабзэр, фэрыщI гуэри хэмылъу, гущIэм къызэрыщежьэр наIуэ къэзыщI усэ сатырхэр адыгэ литературэм, усыгъэм хэлъхьэныгъэф хуэхъуащ. Апхуэдэхэщ усыгъэр  фIыуэ зылъагъухэм гурыхь ящыхъуа «Уадыгэным къикIыр», «ЩыIэжкъым япэрей лIыжьхэр», «УкIытэ», «Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм», «ХъуэпсапIэ» усэхэр, нэгъуэщIхэри.
  Бемырзэм и усыгъэхэм зэрызиужьым, тхакIуэм игукIэ зэригъэзахуэ Iуэхугъуэхэм зэрыхэхъуэм, и къалэмыр и мурадым зэрыпэлъэщыжым и щыхьэтщ I987-I99I гъэхэм итха «Поэмэ нэщхъейр». И адэм фэеплъ хуищIа тхыгъэмкIэ Мухьэдин хузэфIэкIащ ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм и пэ, и кIэ лъэхъэнэм зи щIалэгъуэр щхьэузыхь хуэзыщIа щIэблэм и гъащIэр, и нэгу щIэкIар къызэщIиубыдэну. «Поэмэ нэщхъейр» адыгэ литературэм и псалъэщIэ зэрыхъуам шэч хэлъкъым.
Бемырзэ Мухьэдин егъэджакIуэ Iэзэу, литературэм фIыуэ щыгъуазэу зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэщ 9-нэ классым папщIэ абы къыдигъэкIа «Адыгэ литературэр».
  Бемырзэм хужыпIэфынур зыщ- Тхьэр фIыкIэ къыхуэупсащ».
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгэ Дунейпсо ЩIэныгъэмкIэ и Академием и академик БакIуу Хъанджэрий итхауэ щыта, егъэджакIуэм, усакIуэм, цIыху телъыджэм хуэгъэзауэ итха псалъэ гуапэхэм пысщэу жысIэну сызыхуейр зыт : цIыхум къыхиха щIэныгъэр, IэщIагъэр гурэ псэкIэ илъагъум куэд хузэфIэкIынущ. Аращ Бемырзэ Мухьэдин дэслъэгъуари, сфIэигъуэщ иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжыныр.Си фIэщ хъуртэкъым абы щэныфIагъэрэ акъылыфIагъэкIэ къыдимыхьэхын щыIэу.Мухьэдин и усэхэм, и къалэмыпэм къыщIэкIа нэгъуэщI тхыгъэхэм, егъэджакIуэ нэсу, щIэныгъэлI щэджащэу зэрыщытам тетхыхьар мащIэкъым, иджыри абы зэрыпащэнум, и дуней тетыкIар щапхъэу къызэрагъэсэбэпынум шэч къытесхьэркъым. 
  Сыхуейт, Бемырзэм и сатIыриплI,гум къинэжар, си тхыгъэм кIэух хуэсщIыну:
 Уи Хэкум куэдрэ уэ хуумыщI тхьэлъанэ,
 «СылIэнщ уэр щхьэкIэ!» - жыпIэу умыув,
  Iуэхуншэу упэмыплъэу ущылIэнум,
  УиIэхукIэ гъащIэ - Хэкум хуэпсэуф.

 

ШАФИЙ Аслъэн
Поделиться:

Читать также: