НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 14
бэрэжьей

1695 гъэм къэралым и пащтыхь Пётр Езанэм къыхилъхьэри, адыгэпщ Черкасский Михаил Алигъуокъуэ и къуэр Урысейм и генералиссимусу хахат.
1816 гъэм къалъхуащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр щIэныгъэм тету джыным япэу зезыпщытахэм ящыщ, адыгэбзэм, абхъазыбзэм, шэшэныбзэм я алфавит зэхэзылъхьа Услар Пётр.
1936 гъэм къалъхуащ дирижёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бекъул Леонид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 5-6, жэщым градуси 2-3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
 Джэгугъуэм лIыхъужьщ, зэуэгъуэм жьындущ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ