НОБЭ

Узыфэр зэран къахуохъу
Китайм иужьрей махуэхэм къигъэлъэгъуэжыркъым COVID-I9 узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэр.
«Bloomberg» агентствэм, КНР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и лъэпкъ комиссэм зэхуэщIауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжаIахэр и тегъэщIапIэу, къегъэлъагъуэ дыгъэгъазэ мазэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ узыфэ зэрыцIалэм игъэсымаджэхэм я бжыгъэр мелуан 248-рэ хъууэ. Ар Китайм щыпсэу цIыхухэм я процент I8 мэхъу. Тхьэмахуэ кIуам и зы махуэ закъуэм коронавирус узыфэ зэрыцIалэр япкърыту цIыху мелуан 37-рэ къахутащ.
 Узыфэм апхуэдэу псынщIэу зиубгъумэ, шынагъуэ щыIэщ Китайм щылажьэ къухьэпIэ компаниехэм я заводхэр Индием ягъэIэпхъуэнкIэ. Корее Ипщэм а къэралым щиIэ предприятиехэр щызэхуищIащ. Смартфонхэр къыщIэзыгъэкI «Samsung» компаниер иджыпсту Вьетнамым щолажьэ.

Дыгъэгъазэм и 28, бэрэжьей
Кином и дунейпсо махуэщ
Кинематографым и махуэщ
1959 гъэм
Налшык къыщызэIуахащ телемеханикэ аппаратурэ къыщыщIагъэкI завод.
1968 гъэм Мейкъуапэ иIэ Зэныбжьэгъугъэм и утыкум «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъуу» фэеплъыр къыщызэIуахащ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 - 3, жэщым I градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Iуэхур кIэкIэ зэрехьэ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ