НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 31, щэбэт

1917 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБАССР-мрэ РСФСР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Балъкъэр Борис.

1929 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр Хьэгъундокъуэ Нурбий.

 1935 гъэм къалъхуащ композитор, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэгъун Владимир.

1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Жылокъуэ Мухьэдин.

1967 гъэм къалъхуащ ортопед-травматолог, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къардэн Андрей.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 5-6, жэщым щIыIэр градус 1 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Зэкъуэш псори зы анэ къилъхукъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ