НОБЭ

ЩIышылэм и 20, мэрем

1588 гъэм урыс пащтыхь Фёдор Иван и къуэм Кремлым щригъэблэгъат Черкасскэхэ Темрыкъуэ и къуэ Мамсрыкъуэрэ Къамболэт и къуэ Къудэнэтрэ.
1921 гъэм Бгырыс АССР-р къэунэхуащ.
1932 гъэм къалъхуащ Ветеранхэм я республикэ советым щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщIу лэжьа, УФ-м и Журналистхэмрэ ТхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и щIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Пщыбий СулътIан.
1936 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НапщIэкъуий Заур.
1939 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Елмэс Албий.
1959 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор КъуэщIысокъуэ Роберт.
1975 гъэм къалъхуащ дуней псом самбэ бэнэкIэмкIэ тIэунейрэ и чемпион Алъхъо Сыхьэтбий.

 

Дунейм и щытыкIэнур
 

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 5, жэщым градус 0 щыхъунущ.
 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ