Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я IэрыкIхэр

Кисловодск къалэм и Нарзан галереем щагъэлъагъуэ адыгэ, абазэ сурэтыщIхэм IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ «Природа в зеркале культуры» проектым хыхьэу.

Ди лъэпкъхэм зэрахьэу щыта Iэщэ лIэужьыгъуэхэр, дыщэ-дыжьын бгырыпххэр, бгъэIулъхэр, арджэнхэр, цым, фэм, гъущIым къыхэщIыкIауэ къагъэсэбэпа нэгъуэщI хьэпшып телъыджэхэр щагъэлъагъуэ мыбы. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа, дыщэидэ щIа къэлътмакъхэм, хъыджэбз хьэпшыпхэм къыпхузэIуах лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ тхыпхъэхэм я дахагъэр.

«Абазэ» лъэпкъ щэнхабзэ-центрым и унафэщI Чагъ Армидэ жеIэр Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъ цIыкIухэм ящыщ абазэхэм я дежкIэ апхуэдэ щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Тхыдэм уриплъэжмэ, зэгъунэгъуу псэуа лъэпкъхэм я гъуазджэм, щэнхабзэм зэщхь куэд хыболъагъуэ.

- Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ къахэкIа IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр зэгъусэу утыку къызэритхьар ди зэпыщIэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я щыхьэтщ, - жиIащ «Адыгэхэр» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ.

ХьэщIэхэм папщIэ дыщэидэмкIэ мастер-классхэр ятащ. Мы Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIахэр ирагъэплъащ «Абазины Ставрополья» документальнэ фильмым. Къэрэшей-Шэрджэсым и студентхэм ягъэлъэгъуащ убых къафэр.

Выставкэм зрагъэхьэлIащ лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм, Ставрополь крайм Лъэпкъ политикэмрэ къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэм, гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм, къалэм и хьэщIэхэм. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ «Абазэ», «Адыгэхэр» лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм, «Кисловодский» Лъэпкъ паркыр, Ставрополь крайм Лъэпкъ политикэмрэ къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр, Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал колледжыр я дэIэпыкъуэгъуу.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: