Софият адыгэбзэр Амман щрегъэдж

«Россия-1» урысейпсо телерадиоком­панием и щIыналъэ къудамэм и журналист Вэрокъуэ Софият Амман, пащтыхьыкъуэ  Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ Адыгэ школым, ирагъэблэгъауэ адыгэбзэр щрегъэдж.

Зэрысабийрэ журналист IэщIагъэм щIэ­хъуэпс Вэрокъуэм курыт еджапIэр къыщиухым, КъБКъУ-м журналистикэ факультетыр иджыри къыщызэIуахатэкъым. Адэ-анэм нэгъуэщI къалэ ямыгъэкIуэн щхьэкIэ, КъБКъУ-м и филологие факуль­тетым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэм щIагъэтIысхьат. ЕджапIэр къызэ­риухыу, «Росссия-1» телеканалым япэщIы­кIэ титрхэмкIэ редактору, иужькIэ корреспонденту, хъыбарыщIэхэр иригъэкIуэкIыу къащтащ. 
- А зэманым хъыбарыщIэхэмкIэ къудамэм и унафэщI Къэзанш Людмилэ си бзэр игу ирихьырти, адыгэбзэкIэ къат хъыбарыщIэхэм я тхыгъэхэр згъэхьэзырыну, сюжетхэр зэздзэкIыну, езы «Вести КБР» нэтынри езгъэкIуэкIыну пщэрылъ къысщи­щIат, - жеIэ Софият. - ИлъэситIкIэ а лэжьыгъэм сыдихьэхыу сыпэрытащ. Ауэ, теленэ­тынхэмрэ творческэ проектхэмрэ згъэхьэ­зырыну Iэмал сыщимыIэм, «1 КъБР» телеканалым сыкIуащ икIи «Къэрабэ» сабий нэ­тыныр згъэхьэзырыжурэ езгъэкIуэкIащ, ГъукIакъуэ Идар и гъусэу. Сабийхэм са­дэ­лэжьэну сфIэфIти, ахэр си нэ­тыным куэдрэ къыхэсшэрт. Ар цIыху­хэм фIыуэ ялъэгъуат. Илъэс нэужьым а нэтыныр зэхуэс­щIы­жын хуей зэрыхъуар я жагъуэ хъуат про­граммэм къезгъэблагъэ цIыкIу­хэми я адэ-анэхэми. Гуапэщ абыхэмрэ сэрэ дызэ­рызэрыщIэр, балигъ хъуа я бынхэм я сурэтхэр къызэрыс­хурагъэхьыр. 
Анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу Софият мурад ищIат и сабийхэм адыгэбзэр яригъэщIэну. АрщхьэкIэ, дэтхэнэ къалэдэсми хуэдэу, цIыкIухэм тыншу къапхъуэта уры­сыбзэм адыгэбзэр Iэпэдэгъэлэл яригъэщIу гу щы­лъитэм, адыгэ хабзэм, бзэм, щэн­хабзэм я пщIэр зэрехуэхым гууз-лыуз хузи­Iэхэм ящыщти, мурад ищIащ абыхэм фIыуэ ­ялъагъу таурыхъхэр зыдигъэIэпы­къуурэ и бынхэр дригъэхьэхыну. Зым и дежкIи щэхукъым, Урысейм щыпсэу нэ­гъуэщI лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэ сабийхэр иджыпсту уры­сыбзэкIэ зэрыпсалъэр, урыс таурыхъхэм нэхъыбэу зэрыдахьэхыр. Къалэдэс сабийхэм къадэкIуэу, къуа­жэ­дэсхэри анэ­дэлъху­бзэм хуэхамэу, урысыбзэр уэрсэру ягъэ­шэрыуэу къыщIыдэкIуэтей щхьэу­сыгъуэхэм мультфильмхэри ­хохьэ. ГъащIэм ­зэ­рыщыхабзэщи, бгъэ­ды­хьэ­кIэ къы­хуэб­гъуэтмэ, дэтхэнэ зы Iуэху зэ­Iу­мыбзми хэ­кIы­пIэ къызэрыхуэбгъуэтыфынур  къилъытэри, иджырей урыс, хамэ къэ­рал таурыхъхэр адыгэбзэм къригъэзэгъэну иужь ихьащ. 
Нэхъапэм сабийхэр топ, гъуэрыгъуапщкIуэ, псыутх жыпIэми, нэгъуэщI джэгукIэ хьэ­лэмэтхэм дахьэхыу щытамэ, иджы ди ­нэгу щIокI зэманым зэрызихъуэжар. Иджы­рейхэр телевизор, планшет, жып телефон жыпIэми, щхьэж зыхуэщIа Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпурэ, цIыкIухэр жэщ-махуэ жамыIэу таурыхъхэм йоплъ, Интернетым «щокIуэд». «Барбоскины», «Мимимишки», «Лунтик», «Фиксики», «Три кота», «Щенячий пат­руль», «Синий трактор», «Двенадцать месяцев», «Жил был пёс», «Дюймовочка», «Зо­лотая антилопа», сабийхэр дэзыхьэх ­нэгъуэщI таурыхъхэм адыгэбзэкIэ еплъмэ нэхъ гъэщIэгъуэныж зэращыхъунум шэч къытримыхьэу, Вэрокъуэр а Iуэху щхьэпэм яужь ихьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, анэ­дэлъху­бзэм къригъэзэгъэну таурыхъхэр къыщыхихкIэ, Софият сабийхэм я деж щIэупщIэ ­нэхъ щызиIэхэр япэ зэрыригъэщыр, абы и лъэныкъуэкIэ цIыкIухэм я адэ-анэхэм зэ­ры­зыкъыхуагъазэ лъэIухэмрэ чэнджэщ­хэмрэ къызэрилъытэр, Интернет зэпыщIэ­ныгъэ­хэр абыкIэ сэбэп зэрыхъур. 
- Езгъажьэу япэу адыгэбзэ зыщIэслъхьа «Барбоскины» мультфильмым си са­бийхэр щезгъэплъам ягу зэрырихьам дамэ къыст­ригъэкIащ. Псом хуэмыдэу згъэщIэ­гъуат ­тIуми абы щыщ псалъэухахэр къыт­ра­гъэзэжурэ зэрыжаIэр. Адыгэ унагъуэхэм  я щIэблэм яхуэщхьэпэн хуэдэу а таурыхъхэр YouTube каналым къислъхьэу щIэздзащ. ИтIанэ ахэр ИнстаграммымкIэ зэбгрезгъэхащ. Ахэр зылъагъухэр абы щыгъуэм куэдкIэ нэхъ мащIэт, ауэ ягу зэрырихьыр, щIэупщIэ зэраIэр къызэрыслъагъэIэсыр гуапэт. А Iуэхугъуэм нэхъри сытригъэгушхуат уэрэд цIыкIухэр зыщIэт, нэхъ гугъуу къысщыхъу мультфильмхэм я ужь сихьэнымкIэ икIи ахэри къызэхъулIауэ къалъытащ, - жеIэ Софият.
Вэрокъуэм зэридзэкI мультфильмхэм хэт лIыхъужьхэр «къэзыгъэпсэлъэн» хуейуэ ­Интернетым хъыбар щрилъхьэм, къыдэIэ­пыкъуну  хьэзырхэр мымащIэу  къыпэджэжащ. А лъэныкъуэмкIэ Софият и лэжьыгъэр куэдым къызэрыдагъэпсынщIэр Iуэхур зыгъэкIуатэхэм ящыщщ. Къыпэджэжахэр япэу къызыхиша «Мазэ пщыкIутI» мультфиль­мыр цIыху куэдым зэдагъэхьэзыращ икIи ар цIыкIухэм ягу дыхьащ. Абы къыкIэлъыкIуащ «Снежная королева», «Дюймовочка», «Морозко» мультфильмхэр. 
Зы илъэскIэ узэIэбэкIыжмэ, Мейкъуапэ и «Черкесская медиаплатформа» IуэхущIапIэм и проектым Софият ирагъэблэгъащ - «Мимимишки» мультсериалыр зэдзэкIы­ным­рэ абы псалъэхэр щIэлъхьэнымкIэ ­къы­дэIэпыкъуну. Иджыпсту а сериалыр адыгэбзэм и къэбэрдей, кIэмыргуей диалектхэмкIэ зэрадзэкI, макъхэри щIалъхьэ. ЗэрадзэкIа сериехэр псори «Circassian-TV» каналым иралъхьэ. Апхуэдэу а каналым къыщывгъуэтынущ Софият и лэжьыгъэхэм ухэзышэ видеороликхэр. «Черкесская ме­диаплатформа» IуэхущIапIэм «Лео и Тиг» мультфильмым и серие 26-м я лицензэ ­къищэхуащ.
Гуапэт адыгэбзэр хъумэным, зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми, хэлъхьэныгъэ хуэщIыным хуэунэтIа мы Iуэху дахэм дэнэкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэр  зэрызэщIигъэуIуар. Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, нэгъуэщI щIы­пIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр Софият къы­хуотхэ, къопсалъэ фIыщIэ, хъуэхъу ­псалъэ гуапэхэр къыжраIэу, адыгэбзэр нэ­гъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэм хэмы­шып­сы­хьыжы­нымкIэ къащхьэпэну лэжьыгъэр хы­фIимы­дзэу адэкIи пищэну къелъэIухэу. 
- Апхуэдиз цIыху къызэрысщыгугъыр зы­хэсщIэу, пщэрылъ зыщысщIыжащ дяпэ­кIи мы Iуэхум зезгъэубгъуну. Къищынэмы­щIауэ, сабий нэтын зэмылIэужьыгъуэхэр згъэхьэзырыну си хъуэпсапIэщ. Ар къызэ­хъулIэн папщIэ, си напэкIуэцIым зи Iэ щIэлъ цIыхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъун хуейщ, си закъуэ къарукIэ ар сызыпэмылъэщын Iуэхугъуэщи. Ари къыздэзыгъэкIуатэхэм фIыщIэ яхуэфащэщ. Мы Iуэхум ехьэлIа проект згъэ­хьэзырри, грант зэпеуэ сыхыхьати, ари къэс­хьащ, - жеIэ Софият. - Нэхъыщ­хьэращи, адыгэ­бзэр гъэлэжьэнымкIэ, щIэблэм ар яIурылъу къэгъэхъунымкIэ си проектым мыхьэнэ иIэу къэзылъытэхэр къыздоIэ­пыкъу си напэкIуэцIым и щIэуп­щIэр нэхъри драгъэкIуеинымкIэ. СэркIэ куэд и уасэщ лъэпкъым щыщ куэд къы­зэ­рыскъуэувэр. 
Телевиденэм адыгэ нэтынхэр щигъэ­хьэ­зыру илъэс пщыкIутхукIэ лэжьа Софият адыгэбзэм теухуауэ ищIэм щыгъуазэт Тыркум, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэм щыщ егъэджакIуэхэр. Абыхэм хъыбар кърагъа­­щIэрт зэридзэкIа таурыхъхэр я дерсхэм къызэ­рыщагъэсэбэпым икIи ахэр къазэ­ры­щы­хуэ­щхьэпэм теухуауэ. Сэбэп къахуэхъуну къалъытэ видеороликхэр зыхуэдэр къыжраIэрт, бзэр егъэджыным теухуахэмкIи къе­чэнджэщырт. И лэжьэгъу Алъэсчыр Радимэ и гъусэу Амман адыгэбзэр щрагъэджыну Дунейпсо Адыгэ Хасэм щи­гъакIуэм, куэдрэ мыгупсысэу арэзы те­хъуащ икIи а Iуэхум ­дихьэхауэ пэрытщ. Софият игу къинэжахэм ящыщщ иджыри Налшык щылажьэу, зэгуэр Иорданием кIуэнуи и пщIыхьэпIэ къыщы­хэмыхуэм, иджы Амман щылажьэ школым къегъэ­щIылIа сабий гъэсапIэм и гъэса­кIуэ­хэм ­папщIэ усэ зэридзэкIауэ зэрыщытар. 
- Школым къекIуалIэ сабийхэм адыгэбзэр зыщIэу яхэтыр мащIэми, я щэнхабзэм хуэ­дэу я анэдэлъхубзэри фIыуэ ялъагъу икIи зэрызрагъэщIэным хущIокъу. Ныбжьы­щIэ­хэм лъэпкъ къафэхэм, макъамэ Iэмэ­псы­мэхэм зыхуагъасэ. Адыгэ уэрэдхэм дихьэх­хэри мащIэкъым. Хьэрыпыбзэр щытепщэ щIыналъэм адыгэбзэр щыпхъумэжыну зэ­рымытыншырщ мыбдеж ди нэгу щыщIэ­кIыр. Дауэ хъуми, сабийхэм анэдэлъхубзэр зэрезгъэщIэным сыхущIэкъунущ. Адыгэбзэр зэрырагъэдж тхылъхэр мыбы зэрыщымащIэм Iуэхур нэхъри къелъахъэ. Егъэджа­кIуэхэр иджыпсту абы долэжь. Къи­щы­нэ­мыщIауэ, Адыгэ Хасэм екIуалIэ балигъхэми адыгэбзэр зэраджыну тхылъ догъэхьэзыр, - жеIэ Софият.
Вэрокъуэм и лэжьыгъэхэм зыщыхэвгъэ­гъуазэ хъунущ абы Инстаграмым щиIэ sofiyavorokova напэкIуэцIым, Телеграмым къыщызэригъэпэща «Псысэхэр» и каналым. А таурыхъхэр зылъагъухэм зэбграгъэ­кIыурэ адыгэ сабий зэрыс дэтхэнэ зы уна­гъуэми ­лъагъэIэсамэ, мы Iуэхум хуабжьу хуэщхьэпэнут. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: