ЩIыналъэм и зэIузэпэщым и хэкIыпIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ ухуэ­ныгъэхэмрэ псэупIэ коммуналь­нэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ятеухуа зэIущIэ. Абы хэтащ ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащ­хьэм и администрацэм и Уна­фэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэ ­Къуныжь МуIэед, министрхэр, щIыналъэхэм я администрацэхэм я уна­фэщIхэр. 

Республикэм и Iэтащхьэр теп­сэ­лъы­хьащ цIыхухэм я псэу­кIэр, жылэхэм щызэфIах Iуэхутхьэбзэхэр егъэ­фIэ­кIуэ­ным теу­хуауэ щIапхъэхэм. Я гугъу ищIащ муниципалитетхэр федеральнэ, щIыналъэ программэхэм хэтыну Iэмал зэраIэр, ухуэныгъэ, гъуэгу, транспорт, псэукIэм ехьэлIа Iуэхутхьэбзэ, нэгъуэщIхэри егъэ­фIэкIуэным теухуауэ.
КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-ком­мунальнэ IуэхущIапIэмкIэ и министрым и къуэдзэ, ­КъБР-м и архитектор нэхъыщ­- хьэ Унэжокъуэ Астемыр жиIащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ зэрызэхагъэувар щIыналъэм ще­кIуэкIыну ухуэныгъэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр зэIузэпэщ зэращIынур щыубзыхуа дэфтэрыр. 2019 гъэм щегъэ­жьауэ лэжьыгъэшхуэхэр йокIуэкI муни­ци­па­литетхэм я ухуэныгъэ дэфтэрхэр Урысей Федерацэм и ухуэныгъэ кодексым ­къигъэувхэм тегъэ­хьэнымкIэ. Ягъэбелджылащ щIы­налъи 10-м, къалэ округи 3-м, къали 7-м, къуажэ 80-м я щIы­пIэхэр зэрагъэтэмэмыну щIы­кIэхэр, коммунальнэ, транспорт хуэIухуэщIэхэм зегъэу­жьыным теухуа Iэмалхэр.
КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ къалэ ухуэныгъэхэр къызэзыгъэпэщ советхэм я лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэну, проектхэм зэ­Iухауэ тепсэлъыхьыну, щIыналъэ­хэм ухуэныгъэхэр къызэры­зэ­ра­гъэпэщынур ягъэбелджылыну.
КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйст­вэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн теп­сэлъыхьащ гъуэгубгъухэм иIэ итхъахэм я щы­тыкIэм, ар зэрыратхъэ авто­транс­портхэр зэгъэпэщынымрэ гъуэгухэм мы­вэ кIэщхъ те­кIу­тэнымрэ теухуауэ щIыналъэхэм зэрадэIэпыкъупхъэм. Минист­рыр къытеувыIащ хьэлъэзешэ автотранспортхэр фIей якIэ­рылъу ухуэныгъэ щекIуэкI щIы­пIэхэм къызэрыдэкIыжым къишэ зэ­раныгъэхэм, абы унафэ тещIыхьын зэрыхуейм.
- А Iуэхугъуэм гулъытэ хуэтщIатэмэ, ди гъуэгухэри нэхъ къабзэу щытынут, - къыхигъэщащ Ды­щэкIым. 
Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз жиIащ министрым зи гугъу ищIа Iуэхум ар зи пщэ­рылъхэр ГИБДД-м и лэжьакIуэхэр ящIы­гъуу зэрелэжьыр. 
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ псэупIэ-ком­мунальнэ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу управленэ къызэгъэпэщы­-ным. ЗэрыжаIамкIэ, апхуэдэ къулыкъу­щIапIэм Iэмал къаритынущ псэу­пIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэ­хэм я фIагъым­рэ щIат пщIэмрэ зэрызэхуэкIуэм тыншу цIыхухэр кIэлъыплъыфыну. ЗэIущIэм ­щы­зэгурыIуащ ар зыхуэдэнур ягъэбелджылыну. 
Лъэпкъ проектхэмрэ феде­ральнэ ­программэхэмрэ щытеп­сэлъыхьым, Iэтащ­хьэм къыхи­гъэщащ абыхэм я ­фIагъымрэ и пIалъэм ягъэзэщIэнымрэ зэ­хуэкIуэн зэ­рыхуейр. Мы гъэм республикэм щаухуэ е къагъэ­щIэ­рэщIэж еджапIэу 40. Школи 9 яухуэнущ, 7-м лэжьэн щIа­дзэну хьэзырщ. Республикэ ­клиникэ сы­маджэщым сымаджэхэр япэу здекIуалIэ и къудамэщIэ хащIы­хьынущ, зыхуей ­хуагъэзэнущ Налшык, Щоджэ­ным и уэрамым тет сабий сымаджэщыр.

Поделиться: