Хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Парламентым ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу щагъэлъэпIащ лэжьыгъэкIэ ехъулIэныгъэшхуэ зиIэхэр.
ЗэIущIэхэр къыщызэIуихым, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленностыр, мэкъумэшыр, туризмэр, гъуэгу IэнатIэр кIуэ пэтми зэрефIакIуэм гу лъумытэнкIэ Iэмал зэримыIэр, абы пэшым щIэс дэтхэнэми и гуащIэ хэлъу къызэрилъытэр.
- Ди щIыналъэм и зыужьыныгъэм теухуа лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэсхэм йокIуэкI, IэмалыщIэхэр ди гъащIэм куэду къыхохьэ. Хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ заубгъуащ. ЕхъулIэныгъэхэр щыдиIэщ экономикэм, щIыналъэм езым и хэхъуэхэр нэхъыбэ зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, цIыхухэм я гъащIэр нэхъыфI зыщIыну Iуэху куэд зэфIокI - школыщIэхэр, сымаджэщхэр, поликлиникэхэр, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэр ухуэныр, щыIэхэр зыхуей хуэгъэзэныр, щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыныр, нэгъуэщIхэри, - жиIащ Егоровэ Татьянэ. - Нобэ къедгъэблэгъахэр а ехъулIэныгъэхэм холIыфIыхь, къыхэзгъэщыну сыхуейт дзэ Iуэху хэхам зи къалэн щызыгъэзащIэу къэзыгъэзэжахэри абыхэм зэрахэтыр. Гулъытэншэ тщIакъым ди спортсмен ныбжьыщIэхэри, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зэхьэзэхуэхэр къэзыхьыфахэр. Абыхэм ди республикэм и мызакъуэу, къэрал псом я пщIэр яIэтащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу сщIы спортсменхэр псори Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер, КъБР-м и Парламентым и депутат Ахъмэт Амир и гъэсэну зэрыщытыр. Дэтхэнэ зыми фIыщIэ фхудощI, фи IэщIагъэм, Хэкум фыхуэпэжу, вгъэлъапIэу IэнатIэ мытыншхэм фызэрыпэрытым щхьэкIэ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIыр пэшым щIэсхэм ехъуэхъуащ илъэсыщIэм ехъулIэныгъэщIэхэр яIэну, узыншэну, бэIутIэIуншэу езыхэри я Iыхьлыхэри псэуну.
КъБР-м и Парламентым а махуэм щагъэлъэпIащ дохутырхэр, егъэджакIуэхэр, щэнхабзэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, спортым я лэжьакIуэхэр, къалэ, къуажэ зэмылIэужьыгъуэхэм я Iэтащхьэхэр.
Хабзэубзыху IуэхущIапIэм и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэщахэм ящыщу я цIэ къиIуапхъэу къыщIэкIынщ «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым и унафэщIым и къуэдзэхэу Мзокъуэ Тембулэт, ПщыхьэщIэ Зульфия, Шормэн Алим сымэ, IуэхущIапIэм и щIыналъэ коорденаторхэу Къазий Заремэ, ПщыхьэщIэ Ахьмэд, Федоренкэ Александр. Ахэр зэпымыууэ ядоIэпыкъу дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ, жыджэру республикэм и гъащIэм хэтщ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалым хуагъэфэща ЩIыхь тхылъыр иратыжащ телевиденэмрэ радиомрэ я унафэщI Конаревэ Наталье. КъищынэмыщIауэ, апхуэдэ гулъытэ хуащIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалым и лэжьакIуэхэу Гемуевэ Марзият, Жылокъуэ Люсаннэ, Карповский Владимир сыми.
Щэнхабзэм хэлъхьэныгъэу хуащIыр къалъытэри, КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ «Тэрч къэзакъ-хэр» къэрал IуэрыIуатэ ансамблым и артист-уэрэджыIакIуэ нэхъыжь, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ракитинэ Иринэ, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI, КъБР-м и цIыхубэ артист Текуев Амырбий.
Апхуэдэуи ягъэлъэпIащ 2025 гъэм тхэквандомкIэ Европэм чемпион щыхъуа, Урысейм и гуп къыхэхахэр спортым щыхуагъэхьэзыр IуэхущIапIэм и спортсмен-инструктор Багъ Идар, КъБР-м и гуп къыхэхахэр спортым щыхуагъэхьэзыр и IуэхущIапIэм и спортсмен, мы гъэм тхэквандомкIэ цIыхухъухэми цIыхубзхэми я дунейпсо зэхьэзэхуэм дыжьын медалыр къыщызыхьа, илъэс 21-м зи ныбжьыр фIэмыкIахэм я дунейпсо зэпеуэм щытекIуа, 2025 гъэм атлет нэхъыфI дыдэу къалъыта Бекъул Миланэ, Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжым щIэс, зэхэзымыххэм папщIэ 2025 гъэм тхэквандомкIэ ирагъэкIуэкIа Сурдлимп джэгухэм текIуэныгъэ къыщызыхьа Сатушы Мадинэ, нэгъуэщIхэри.