ХэкIыпIэхэр къагъэлъагъуэ

    КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КИФЩI-м къэрал кIэлъыплъыныгъэм щIэмыту щрагъэкIуэкI экономикэр гъэмэщIэным теухуауэ Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр иригъэкIуэкIа зэIущIэм. 
    Вице-премьерым къыхигъэщащ къэрал хабзэр къызэпызыуду лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщхэр щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм зэран зэрыхуэхъур, апхуэдэуи абыхэм цIыхухэм социальнэ шэсыпIэхэр зэрырамытым къыхэкIыу а Iуэхур дзыхьщIыгъуэджэу зэрыщытыр.
    ЩIыналъэм щагъэзащIэ  хьэпшыпхэр зэгъэкIуэкIыным, Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэ пщIэр ахъшэ Iэрылъхьэр зэIэпамыхыу  Iуэхур зэтеублэным, ЕГРН-м къыщамыгъэлъэгъуа, ягъэIэпхъуэ мыхъу объектхэр экономикэм и нэIэм щIэгъэувэным теухуа лэжьыгъэхэр. Правительствэм къищтащ экономикэм и сектор щхьэхуэхэм хьэрычэт Iуэхур кIэлъыплъыныгъэ щхьэхуэм щIэту щегъэкIуэкIыным теухуа унафэхэр.
    Къэрал кIэлъыплъыныгъэм щIэмыту ирагъэкIуэкI экономикэр гъэмэщIынымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэу къагъэлъэгъуащ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр зыхуэныкъуэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэкIэ  къызэрызэгъэпэщыпхъэр, бюджетым и хэхъуэр нэхъыбэ зыщIын хэкIыпIэхэр щыIэн зэрыхуейр, предприятиехэм ЖКХ-мрэ энергетикэмрэ я Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэр ирикъуу и чэзум яту Iуэхур зэрызэтеублапхъэр. Къэрал министерствэ, ведомствэ щхьэхуэхэм а унэтIыныгъэхэмкIэ ирагъэкIуэкIхэмрэ абы и лъэныкъуэкIэ адэкIэ я мурадхэмрэ утыку кърахьащ
    ЗэIущIэм хэтахэр абы къыщаIэта Iуэхухэм теухуа я еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжащ, адэкIэ зэрылэжьэнум теухуа унафэхэр яубзыхуащ.  

Поделиться: