Гулъытэ хэха зыгъуэтыпхъэхэм топсэлъыхь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыIэщ. Дыгъуасэ ар IущIащ Урысейм и Казначействэм и унафэщI Артюхин Роман.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ къэрал мылъкур зегъэкIуэным,  бюджет ахъшэр сэбэпынагъ нэхъыбэ пылъу къэгъэсэбэпынымрэ проектхэр зэгъусэу республикэм щыгъэзэщIэнымрэ пыщIа Iуэхухэм.

Гулъытэ хэха хуащIащ Урысейм и Казначействэм  бжыгъэхэр зи лъабжьэ сервисхэм зегъэужьынымрэ ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и финанс IэнатIэхэм я лэжьыгъэм хэпщэнымрэ. Лъэныкъуэхэм къыхагъэщащ щIыналъэм и экономикэ щытыкIэр зэпIэзэрыту щытынымрэ социальнэ зэIузэпэщыгъэр къызэгъэпэщынымрэ хуэунэтIауэ адэкIи зэдэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.

Поделиться: