Шынагъуэншагъэр ягъэнэхъапэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ къы­зэ­рымыкIуэ щытыкIэхэр къэ­мыгъэхъунымкIэ, абыхэм я лъэужь­хэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэсхэм я шынагъуэм пэщIэтынымкIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Надежин Михаил, ­УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ фе­деральнэ округым щыIэм и ­аппаратым КъБР-м къегъэ­щIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, Правительствэм и лэ­жьа­кIуэхэр, министрхэр, муни­-ципальнэ щIыналъэхэм я ад­ми­нистрацэхэм я Iэтащхьэ­хэр. ЗэIущIэм къыщапщытэжащ ­УФ-м и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм 2022 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр икIи абы 2023 гъэм къы­пэщыт къалэнхэр зэпкърахащ. 

КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ илъэс кIуам хэхауэ дызыгъэпIейтеин Iуэхухэр къы­зэрымыхъуар, псыхэм я къиу­гъуэм, уэсукхъуэхэр, ятIэпсхэр къыщех зэманым ехьэлIа лэжьыгъэхэри зэпэщу зэрекIуэкIар. Республикэм и унафэщIым комиссэм хэтхэм яхуигъэуващ, нобэрей зэманым зэтеува геополитикэ щытыкIэмрэ абы къы­дэкIуэ шынагъуэхэмрэ къалъытэу, къызэрымыкIуэ щыты­кIэхэр къэмыгъэхъуным, республикэм и унафэщI органхэмрэ Iуэху пIащIэгъуэхэм елэжь IэнатIэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным нэхъ егугъуну. 
Надежин Михаил зэIущIэм ­кърихьэлIахэр щыгъуазэ ищIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэ­мыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэ­ужь­хэр гъэзэкIуэжынымкIэ къэ­рал системэ зэгуэтым и щIыналъэ системэ къуэдзэм и къарухэмрэ Iэмалхэмрэ къызэ­рымыкIуэ щытыкIэу 1-м, псэуныгъэм и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэ ­хэха зиIэ къэхъукъащIэу 27-м яхуэгъэзауэ ­къызэрагъэсэбэпам. КъБР-м и щIыналъэм мафIэс зэмылIэужьыгъуэу 1470-рэ щатхащ икIи кърагъэлын папщIэ абы­хэм цIыху 780-рэ ягъэIэп­хъуащ, мылъку зэмылIэужьы­гъуэу сом мелард 1,4-м щIигъу и уасэ мафIэм щахъумащ. Республикэм мафIэсым пэщIэ­тынымкIэ и лэжьакIуэхэр 2500-м щIигъукIэ ежьэн хуей хъуащ, апхуэдэу IэнатIэм пэрытхэр ­гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэ­хэм я лъэужь­хэр гъэзэкIуэжы­ным 452-рэ хэтащ икIи абыхэм цIыху 16 ­кърагъэлащ. Управленэ нэхъыщ­хьэм и лэжьакIуэхэм ухуэныгъэхэмрэ IуэхущIапIэхэм­рэ мафIэсхэм зэ­рыщахъумэр 293-рэ къапщытащ. Урысейм и МЧС-м Iуащхьэмахуэ щыIэ и къэлъы­хъуакIуэ-къегъэла­кIуэ гу­пым хэтхэр къуршхэм 140-рэ дэкIащ икIи абыхэм цIыхуи 128-рэ къыщрагъэлащ. 
ЗэIущIэм апхуэдэу щытепсэ­лъыхьащ мафIэсхэм япэщIэты­нымкIэ IэнатIэм и зэфIэкIыр къэIэтыным. КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим зэрыжиIамкIэ, дызэрыт илъэсым мафIэсым пэщIэты­нымкIэ IэнатIэм папщIэ депо Ново-Хьэмидей, Зеикъуэ къуажэ­хэм къыщызэIуахынущ. Абы къы­дэкIуэу, мы Iуэхум зрагъэубгъун папщIэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIынум иджыпсту йогупсыс. 
ЗэIущIэм щыжаIахэм япкъ иткIэ щIэрыщIэу хэплъэжауэ ягъэ­тэмэмыж 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэ­рымыкIуэ щытыкIэхэр къыщы­мыгъэхъунымкIэ, абыхэм я лъэ­ужь­хэр гъэзэкIуэжынымкIэ икIи мафIэсхэм я шынагъуэм пэщIэтынымкIэ комиссэм иригъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я планыр.

Поделиться: