Мазаем и 7, гъубж
Урысейм щагъэлъапIэ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэр
2014 гъэм Сочэ къалэм къыщызэIуахащ XXII ЩIымахуэ Олимп джэгухэр.
1890 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Ашуров Танахум.
1968 гъэм къалъхуащ усакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и член-корреспондент Бэлагъы Любовь.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 4 - 3, жэщым градуси 5 - 4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
IэщIагъэ зиIэ и Iэпэ дыщэ къыпощ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.