НОБЭМазаем и 22, бэрэжьей ♦ЩIэпхъаджагъэ зыкIэлъызэрахьа цIыхухэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ ♦1942 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Мухьэмэд. ♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Парламентым и депутату щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Мартин. ♦1957 гъэм къалъхуащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор, КъБР-м и Президенту щыта, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и Президент Къанокъуэ Арсен. ♦1960 гъэм къалъхуащ къэрал, политикэ лэжьакIуэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIу лэжьа Хьэсанэ Руслан. ♦1961 гъэм къалъхуащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгэ Республикэм, Ингушым я цIыхубэ артисткэ Сокъур Ольгэ. ♦1974 гъэм къалъхуащ КъБКъМУ-м и ректор, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент Апажэ Аслъэн. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 6 - 9, жэщым градус 0 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Нобэ пщIэфынур пщэдей умыхь.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 13:30 →
ХьэкIэкхъуэкIэхэм - гулъытэ
11.09.2026 - 12:10 →
НОБЭ
10.09.2026 - 09:30 →
НОБЭ
09.09.2026 - 12:51 →
ГъащIэм и пэжыр къэгъэлъэгъуэныр зи пщэрылъхэр
09.09.2026 - 12:28 →
НОБЭ
| ||




