Колизей

Италием и Колизей амфитеатрыр дуней псом и архитектурэ фэеплъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Илъэс минитIым щIигъуауэ а тхыдэ фэеплъыр цIыху мелуанхэм я кIуапIэщ. КъыжыIапхъэщ, Налшык къалэм а фэеплъым и фIэщыгъэрэ теплъэмрэ зиIэ шхапIэ зэрыщыIэр.

Амфитеатрым и фIэщыгъэр латин псалъэм къытекIащ, «абрагъуэ» жыхуиIэщ. Ар икIи гъэщIэгъуэнкъым, сыту жыпIэмэ Колизей театрыр щаухуэм, нэгъуэщI ухуэныгъэхэм я лъагагъыр метрипщIым фIэкIыртэкъым. Ауэ Колизейр нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр и блынхэм я лъагагъэркъым, атIэ дуней псом абы щиIэ тхыдэ, щэнхабзэ мыхьэнэрщ. Колизейр цIыху мини 100-м щIигъум яухуащ. Нэхъыбэр лIыщIэхэмрэ гъэр сэлэтхэмрэт. Апхуэдиз цIыху зэпымыууэ зэрызэдэлэжьами емылъытауэ, ухуэныгъэр илъэсий дэкIа нэужьщ щаухар.

ЛIэщIыгъуэкIэрэ дызэIэбэкIыжрэ гладиатор аренэм и тхыдэм дриплъэжмэ, ди эрэм и пэ 69 гъэм пащтыхь Веспасиан цIэрыIуэ ирихъуат щэнхабзэ ухуэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным мылъкушхуэ зэрытригъэкIуадэм. Гъэхэр гъэхэм кIэлъыкIуэурэ, зы махуэ гуэрым абы мурад ищIащ зы ухуэныгъэ нэхъ иным и ужь ихьэну. Абы и фIыгъэкIэ яухуащ Флавиев амфитеатрыр, пасэрей Римым и щэнхабзэ фэеплъыр.

Илъэс щэ бжыгъэкIэрэ римлянхэм я гъащIэм ухуэныгъэм увыпIэфI щиIыгъащ, икIи пащтыхь Веспасиан ягу къигъэкIыжу екIуэкIащ. Махуэшхуэхэр, гладиатор зауэхэр, псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэпэщIэтыныгъэхэр абдеж щрагъэкIуэкIащ. Абдеж щхьэпылъэ щащIу зэмани щыIащ, пащтыхь Константин I амфитеатрыр щIызэхуищIыжа щхьэусыгъуэхэм язщ ар. Курыт лIэщIыгъуэхэм ухуэныгъэр яукIа чристэнхэм я фэеплъ хъуащ. 18-нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ Колизейм цIыхуIэ еIусакъым. 19-нэ лIэщIыгъуэм католик члисэм и лэжьакIуэхэм къыхалъхьащ ар зэрагъэпэщыжыну. Абы и фIыгъэкIэ ухуэныгъэм щыщ Iыхьэхэр хъума хъуащ, иджы ар европей цивилизацэм и дамыгъэщ. Абы гъуазджэм и лэжьакIуэхэр, тхыдэджхэр, архитектор цIэрыIуэхэр зрешалIэ. ИрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, япэрей ухуэныгъэм и Iыхьэ щанэм фIэкI къэнэжакъым.

Амфитеатрыр къатищу зэтет аркэ 240-рэ мэхъу. И лъагагъыр - метр 57-рэ, и кIыхьагъыр - метр 524-рэ, и бгъуагъыр - метри 156-рэ мэхъу. Нэхъ иужьыIуэкIэ абы иджыри зы къат къытращIыхьыжащ. Абы и щхьэм карниз хуащIащ, хуей хъумэ, дыгъэм щызыхъумэ хъыдан къытрапIэн папщIэ. Колизейм и кIуэцIым галереехэр щаухуащ - сату Iуэху щащIэ, абы къекIуалIэ цIыху мин бжыгъэхэм зыщагъэпсэхуни иIэщ. И лъабжьэ къатым аркэ 76-рэ иIэщ, амфитеатрым ирищIыхьэу. Абы и фIыгъэкIэ зэтримыхьэу абы цIыхушхуэ щIыхьэфырт. КъыжыIапхъэщ, апхуэдэ архитектурэ ухуэныгъэ нобэр къыздэсым зэрыщымыIэр.

Зы мащIэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Колизейм зыщызыплъыну гупыж зыщIхэм папщIэ абы и бжэхэр жэщи-махуи зэIухауэ щытащ. Ауэ зыплъыхьакIуэхэр ухуэныгъэм зэрыхуэмысакъым щIыпIэм и унафэщIхэм гу щылъатэм, плъырхэр ягъэуващ. Иджы абы гъэмахуэм пщэдджыжьым сыхьэти 9-м щыщIэдзауэ пщыхьэщхьэм сыхьэти 17 пщIондэ, щIымахуэм сыхьэти 9-м щыщIэдзауэ сыхьэти 16 пщIондэ ущIыхьэфу аращ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: