Си къежьапIэ

Уафэ нэзыр пшэм щимыгъэпщкIу махуэ бзыгъэхэм дыгъэ къухьэпIэмкIэ уплъэмэ, пшэхэм я зекIуапIэ уафэгум лъэIэсрэ жыпIэу уолъагъу зи щыгур махъшэ сыджу дыкъуакъуэ Iуащхьэ абрагъуэ, мылгъурыджей мыткIужхэм я афэ быдэм зэщIиIулIауэ. Ар Iуащхьэмахуэщ. Уэс къабзэ зытелъ бгы уардэхэм я лъапэхэм дежщ Бахъсэныпсым и къежьапIэр. Псым жапIэ къигъуэтурэ лъагъуэ хишам дэту къожэх, абы псыIэрышэ бжыгъэншэхэр къыхэлъадэурэ нэхъ ин мэхъу. Тыншкъым абы и гъуэгуанэр. Сыту жыпIэмэ, къырхэм къелъэлъэх мывэшхуэхэри цIыхухэм я Iэужь пхъэнкIийри зэран къыщыхуохъу абы и гъуэгуанэм. 

Мис апхуэдэ теплъэгъуэ ди нэгу къыщIегъэувэ сурэтыщI Жырыщты А. и сурэт «Бахъсэн и къежьапIэр» зыфIищам. Абы ущеплъкIэ, уигу къегъэкI цIыху гъащIэр, лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр. Псыежэх уэрыр цIыху гъащIэм дауэ зэрепхьэлIэнур? А псым и къежьапIэр хуэдэщ сабийм. Сабий къалъхуар дахэщ, хьэлэлыщэщ, хьэрэмагъ лъэпкъ игу къэмыкIыу, зыщумыгъэнщIу, удихьэхыу. Дахэщ абы щыгъуэ дэтхэнэри, псэ къабзащэщ, дагъуэ лъэпкъ имыIэу. ЦIыхум и хьэлым зеужь, зэрагъасэм елъытауэ. Хэти нэпсейщ, дуней псор IэщIэплъхьами и гум зимыгъэнщIыну; хэти дыгъуакIуэщ, къыпэщIэхуэ блэмыкIыну; хэти гущIэгъуншэщ, щысхь имыщIэу; хэти хьэлэлщ, иIэр къуитыну; хэти хьэзырщ дэхуэхам дэIэпыкъуну. Ерыщ щыIэщ, цIыхум я сэбэп зэрихуэу, делэ ерыщ щыIэщ, букIами, и мурадым темыкIыну. ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щежэх псышхуэхэм хуэдэу, куэд мэхъу цIыхуми хьэл зэхуэмыдэу иIэр. 
Iуащхьэмахуэ лъабжьэ телъ уэс къабзэхэр къэткIуурэ зэхуихьэса псыIэрышэр къиукъубеикIыу псышхуэ зыщIыр абы и гъунитIымкIи къыхэлъадэ нэгъуэщI псыежэххэрщ. Апхуэдэу, гъэсэныгъэм къыдэкIуэу, дэтхэнэри и гъуэгум зыщрихьэлIэ цIыхухэмрэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ абы и гъащIэм IэпапIэ къытранэ, уеблэмэ, и акъылми зрагъэхъуэжыф. Сурэтымрэ цIыху гъащIэмрэ зэслъытурэ, гупсысэ куэдым сыхуашэ. Япэрауэ, сыт а тIури цIэрыIуэ, лъэщ зыщIыр? Псыр къапщтэмэ, цIыхум игу дыхьэ щIыIэтыIагъэмрэ къабзагъэмрэщ, и къару лъэщырщ. Бахъсэн къару къезыт псыIэрышэхэр мыхъуамэ, гъэмахуэ хуабэм игъущIыкIынт, зы ткIуэпси къэмынэу. ЦIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ псоми ягъэзащIэ къалэным апхуэдэ дыдэ къару хэлъщ. Ар дауэ жыпIэмэ – цIыхур и щхьэ хуэпсэужкIэ, абы и хъуреягъкIэ фIыуэ илъагъу, къэзылъагъу унагъуэ, ныбжьэгъу къыдэмыгъуэгурыкIуэмэ, абы къигъащIэм зыри мыхьэнэ иIэнтэкъым. Мы гупсысэм сокIри, лъэпкъыр сигу къокI. Лъэпкъри цIыхури зэпыщIащ. Лъэпкъым и гъащIэр цIыхум ейм хуэдэщ. Ауэ лъэпкъым и гъащIэм кIэ иIэкъым, а гъащIэр кIыхь хъунуми зэлъытар абы къыхэкIахэрщ. Бицу Анатолэ и усэ сатырхэм щыжеIэ: 
Псалъэжьым жеIэ: «Псы ущефэкIэ – 
Ар къызыщIэжым егупсыс…» 
Жэфынкъым жыжьэ зы къуршыпс, 
ИмыпIмэ ар къурш анэм бгъафэкIэ. 
Бахъсэныпсыр къыщожьэ Бахъсэн аузым икIи а щIыпIэм и хьэл-щэн, и теплъэ хыболъагъуэ псыежэхым. Апхуэдэу, Бицум дыкъыхуреджэ лъэпкъым и къежьапIэр тхъумэну, абы и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр тIэщIэмыхуу зетхьэну. Ар ди бзэрщ, ди лъэпкъ хабзэрщ. 
ЛIэщIыгъуэ блэкIахэм хэпсэухьа ди лъэпкъэгъухэм яхузэфIэкIыр ялэжьащ адыгэхэр дуней псом цIэрыIуэ щыхъун папщIэ. Дэ, нобэрей щIалэгъуалэм, ди адэжьхэм къытхуагъэна тыгъэшхуэр адэкIи едгъэфIакIуэу тхъумэн хуейщ. 
«Бзу пэтрэ и бзэр и шырым Iурелъхьэ», – жаIэ. Бзэм хэлъщ лъэпкъым и тхыдэри, и хабзэри. А щыми пэIэщIэ дахуэмыхъуу, ди къежьапIэр ди гум илъу дыпсэуныр къытхэзылъхьэ Iуэхугъуэхэр куэд мэхъу. Япэрауэ, ар унагъуэрщ. СыщыцIыкIум къыщыщIэдзауэ си анэшхуэ-адэшхуэхэм бзэ шэрыуэ дахэ яIурылъымкIэ таурыхъхэр, псысэхэр къызжаIэжырт. Школым адыгэбзэр зджын зэрыщыщIэздзэрэ лъэпкъым и тхыдэм щыщ пычыгъуэхэм щыгъуазэ сыхъуащ, адыгэ тхакIуэхэр зэзгъэцIыхуащ, абыхэм я тхыгъэхэм седжащ. Анэдэлъхубзэм и дахагъэр, абы урипсэлъэфыным фIагъыу пылъыр нэсу къыщызгурыIуар лъэпкъ литературэ тхыгъэхэр джын щыщIэддзарщ. 
«КъуажитI яку дэлъ гъуэгуанэр выгукIэ якIуу щыщыта лъэхъэнэм щыIа хабзэмрэ бзэмрэ нобэ зэхъуэкIыныгъэ щхьэ ягъуэтрэ жыпIэу къамэ Iэпщэм уеIэныр акъылкъым», – жиIэгъат Нало Ахьмэдхъан. Сэ сызэригугъэмкIэ, абы жиIэну зыхуеяр гъащIэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр бзэми къызэрылъысыращ. Пэжщ, ихъуреягъкIэ цIыхухэр иропIейтей «глобализацэ» Iуэхугъуэм лъэпкъ мыинхэм къахуихьыну щытыкIэм. А глобализацэм цIыхухэр гъунэгъуу зэрешалIэри, я бзэ, я хабзэ, я культурэ, я гъащIэ псори зэщхь ещI. А Iуэхугъуэр къэзыгъэувыIэфын къару щымыIэу къысщохъу. Апхуэдэу щыщыткIэ, лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэу щыт бзэр зэрытлъэкIкIэ тхъумэжын хуейщ а бзэр зыIурылъхэм. 
«Игъэлъ уигу быдэу уи къежьапIэхэр, 
Ауэ уи гупэкIи гъуэгу пхыш! 
Псым къегъуэтыж езым и жапIэхэр, 
Нэсыху тенджызми емызэш», – итхащ Бицу Анатолэ. Си къежьапIэр си унагъуэрщ, си лъэпкъырщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, си лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр, бзэр сахуэсакъыу схъумэу ар къыкIэлъыкIуэну щIэблэхэм яIэрызгъэхьэну си къалэну къызолъытэри, Тхьэм къызигъэхъулIэ! 

 

 

АБЫДЭ Ланэ.
Поделиться: