Хьэсэней щIы щхьэфэ зэтекIар щызэрагъэпэщыж

Хьэсэней Ипщэм псы къыщIэлъадэу и пIэ икIа щIы щхьэфэр икIэщIыпIэкIэ зэрагъэпэщыжыну унафэ ищIащ КIуэкIуэ Казбек. 

Республикэм и Iэтащхьэр КъБР-м транспортымрэ ­гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ Налшык къалэ и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймуразрэ яхуэзащ. ЗэIущIэр теухуат Хьэсэней жылэм Аттоевым и цIэр зезыхьэ и уэрамыр зыхиубыдэ Iыхьэм. IэщIагъэлIхэм щIыпIэр зрагъэлъагъури, ар зэгъэ­пэ­щыжыным текIуэдэну мылъкур зыхуэдизри къагъэнэ­Iуащ. ЩIым зыхуэныкъуэ псори ирахьэлIэу зэIузэпэщ ящIыжыну я мурадщ, псыр зэрыIуашын Iэмалхэми йогупсыс. 
Иджыпсту Аттоевым и цIэр зезыхьэ уэрамым щIыщIагъ бжьамийхэм щолэжь, бгыхэм къех псыр зэрыIуашын ухуэныгъэми яужь итщ. Хьэсэнейдэсхэм а лъэIумкIэ нэхъ пасэу зыхуагъэзауэ щытащ республикэм и Iэтащхьэм. Зэрагъэпэщыжын хуей щIыпIэм километри 4 и кIыхьагъщ, зы километрым елэжьын яухакIэщ. Полипропиленым къыхэщIыкIа, нэхъ пIалъэ кIыхькIэ къэсэбэп бжьамийхэм хуэдэщ абдежым щIалъхьэр. Ухуэныгъэ псори накъы­-гъэм ирихьэлIэу яухынущ. Абы иужькIэ уэрамым гъуэгущIэ тралъхьэнущ. 

Поделиться: