«Си къэралым и макъамэ»

Аращ фIащар уэрэджыIакIуэхэм траха клипхэм я зэпеуэу Урысейм щрагъэжьам.

Триколор операторымрэ RUSSIAN MUSIC BOX телеканалымрэ ирагъэжьащ макъамэмкIэ урысейпсо зэпеуэ. Ар я нэIэм щIэтщ уэрэджыIакIуэ икIи композитор Цой Анитэрэ уэрэджыIакIуэ Зацепин Антонрэ. ЦIыхубэ IэIэтым пхыкIахэр телевиденэмкIэ къагъэлъэгъуэнущ, артист цIэрыIуэхэм я гъусэу.

«Депо. Москва» IуэхущIапIэм гъатхэпэм и 3-м къыщызэрагъэпэщащ щэнхабзэ Iуэху дахэр зэрырагъажьэм теухуа зэхыхьэр. ЦIыху минитхум щIигъу зэхуэсащ зэпеуэм щытепсэлъыхь зэхыхьэм. Абы зыкърезыгъэхьэлIахэм я нэгу зыщрагъэужь концертыр ягъэдэхащ Цой Анитэ, Лель Катя, Зацепин Антон сымэ, нэгъуэщIхэми.

Илъэс 16 хъу уэрэджыIакIуэ щхьэхуэхэмрэ гупхэмрэ абы я зэфIэкI щеплъыж хъунущ, ягъэзащIэ уэрэдхэм я видеоклипхэр я телефонхэмкIэ трахыу абы и ссылкэр зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм я пощтым ricolor@musicboxtv.ru фокIадэм и 24 пщIондэ ирагъэгъэхьу.

 - Къэралым исхэр цIыхухэр зэкъуэзыгъэувэн Iуэху къызэдгъэпэщыну ди мурадащ. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъуфI хъуащ Триколорымрэ ди лэжьэгъухэмрэ. Къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэр я зэфIэкI щеплъыжыну зэпеуэр къыхэтлъхьащ, - жеIэ Триколорым и продюсер Анисимов Михаил. - Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр къэдгъэнэIуэнымкIэ, ар IэмалыфIщ.

КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм къагъэхьа лэжьыгъэхэм я нэхъыфIу къалъытэ клипийр мазэ къэс къыхахыурэ musicboxtv.ru сайтым и цIыхубэ IэIэтым ягъэкIуэнущи, абыхэм еплъыну хуейхэм «Триколор Кино и ТВ» гуэдзэнымкIэ kino.tricolor.tv сайтымкIэ, «Большой эфир» телеканалымкIэ клипхэм зыщагъэгъуазэ хъунущ.

- Мы Iуэху дахэм къыхэсшэну си гуапэщ цIыхубэр иджыри зыщымыгъуазэ артистхэр! Сэри зэгуэр апхуэдэ зэпеуэм си зэфIэкI сыщеплъыжат. Iуэхум и пэм щыщIэдзауэ и кIэм нэс Цой Анитэрэ сэрэ дыхэтынущ икIи абы къыщыхэжаныкIхэм кIэух концертым дащыIущIэнущ. Псори фыкъыхузоджэ зэпеуэм и IэIэтым жыджэру фыхэтыну, сыту жыпIэмэ уэрэджыIакIуэхэм я пщэдейр зыхуэдэнур зэлъытыжар фэращ!», - жиIащ Зацепин Антон.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: