Сылтранкель гуэлым и Iэгъуэблагъэ щIыпIэр
Ди щIыпIэм ит къуршхэм я щыгум инуи цIыкIууи гуэл зэмыщхь куэд ущрохьэлIэ. Абыхэм ящыщщ Сылтранкельрэ Донгуз Орун-Кельрэ. Мы гуэлхэм ярыт псыр мылылъэм къыщIэжамрэ уэс ткIуамрэщ. Гуэлхэм уахэплъэмэ, уафэмрэ пшэхэмрэ гъуджэм хуэдэу къызэрищым таурыхъ гуэрым укъыщыхутауэ къыпщегъэхъу.
Кавказым щыIэ бгыщхьэ гуэлхэм я нэхъ дахэ, нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыщ Сылтранкель гуэлыр. Ар метр 3900-рэ зи лъагагъ Сылтран бгымрэ метр 3899-рэ зи лъагагъ Мукал бгымрэ я зэхуакум дэтщ. Мы гуэлым и кууагъыр хэти метр 35-рэ фIэкIа мыхъуу жеIэ, хэти метр 200-м нэблагъэу хуегъэфащэ.
Гуэлым гектар 30 и инагъщ. Илъэсым щыщу мазибгъум абы и щхьэфэр тещтыкIауэ щытщ. Къурш джабэм иIэ къуэ зэв цIыкIу мыкуумкIэ гуэлым къыхэж псыр Сылтрансу псыежэхым и къежьапIэ мэхъу. Дунейм и щытыкIэм елъытауэ, гуэлым и фэм зехъуэж: зэми хужьыфэщ, зэми щхъуантIафэщ, зэми удзыфэщ. Гъэмахуэми псым щызэрехьэ мыткIужа мыл абрагъуэхэр. Мы щIыпIэм удз щхъуантIэ щыплъагъуркъым, ауэ зэрыщыту зыщIэгъэгъащ. Къурш бжэнхэр куэду щыхъуакIуэу щыболъагъу, цIыхухэми мышынэу къабгъэдохьэ. ХIХ лIэщIыгъуэм Сылтранкель гуэлым зы жэщым къуажэр зэрыщыту ихь пэтащ, и Iуфэр псым IуилъэсыкIри. А зэманым цIыхухэм абы нэс зэрыдэкIын гъуэгу яIэтэкъыми, екIуэлIэфхэртэкъым. Иджыпсту абы укIуэну нэхъ тыншщ, зыплъыхьакIуэхэм лъагъуэ кIуэцIрашащи, цIыху куэд йокIуэлIэф.
Дунеяплъэ Тепцов Василий а гуэлым деж 1892 гъэм зэрыкIуауэ щытар итхыжащ: «Джэдум хуэдэу бгым дыдэпщеин хуей хъурт, джабэхэм дыкъецIэнтхъуэхырт, зы мывэшхуэм дипкIыурэ адрейм дыпкIэрт. Ди Iэхэри ди напэхэри зэхэфыщIарэ уфIыцIауэ лъы къижырт, ауэ гугъуехь куэдым дыблэкIати, дыздежьам дынэмысу къэдгъэзэжмэ ди жагъуэ хъунут».
Бахъсэн Ипщэ къуажэм къыщыщIэдзауэ Сылтранкель гуэлым нэс километри 10 дэлъщ. Гуэлым узэрыкIуэ гъуэгур егъэлеяуэ дахэщ. Абы и япэ километри 6-р тыншщ. Къущхьэхъу хъупIэхэм уахэкIыу псей мэзым ущIохьэ, адэкIэ Сылтрансу псы Iуфэм уIуту уокIуэ. Гъуэгугъэлъагъуэхэр дэнэкIи фIэлъщ. Метр 2683-м утету, псы ежэхым уIуту уздэкIуэм, псыр щIы щIагъым щIолъадэри, къыщыщIэжыжыр метр 300-кIэ укIуа нэужьщ. АдэкIэ гъуэгум и нэхъ гугъум уносри, къуршым удэкIуеин хуей мэхъу, мывэ фIэкIа азыри ихъуреягъкIэ умылъагъуу.
Метр 300-м и ужькIэ жьы пхуримыкъуу узэрыхъури, гъуэгуанэ гугъу зэрызэпыпчари, гуэлым и дахагъым узэрынэсу псори пщегъэгъупщэж.
Мы щIыпIэм и дахагъым гур щеубыдыкI. Гуэлым и хъуреягъкIэ IупщIэ IупщIэу зэтелъу къат лIэужьыгъуэхэу иIэщ бгы фIыцIэшхуэхэр.
Гуэлым и деж ущыту уплъэмэ, пшэ щытемылъым и деж Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ лъэныкъуэр щыболъагъу.
Гъэмахуэми гуэлым ит псыр щIыIэщ, ауэ, абы емылъытауэ, языныкъуэхэм зыщагъэпскI.
Донгуз-Орун гуэлыр Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хохьэ. Ар Урысеймрэ Куржымрэ я гъунапкъэ зэпылъыпIэм пэгъунэгъущ, Чегет бгым и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, Накра-Тау метр 4228-рэ зи лъагагъ бгымрэ Донгуз-Орун-баши метр 4450-рэ зи лъагагъ бгымрэ я зэхуакум хуозэ.
Гуэлыр мыл джейхэм кIуатэурэ зэхуакъуса къыр къутахуэм мылылъэхэм къыщIэж псыр къилъадэурэ къэхъуауэ аращ. Донгуз-Орун, Медвежий псыхэр гуэлым къолъадэ, апхуэдэуи Донгуз-Орун псым и къежьапIэщ.
Гуэлым ит псыр плъыфэ зыбжанэу зэхэтщ. Къурш джабэм къежэх псым минерал зэхуэмыдэхэр кърелъэсэхри, гуэлым холъадэ. Абы псыр зэмыфэгъу ещI. Гуэлым тыншу уокIуэлIэф. Чегет бгым дэкI кIапсэ гъуэгумкIэ укIуэу метри 100-кIэ лъэс лъагъуэм утету укъехыжмэ, гуэлым уIухьэнущ. Апхуэдэуи къущхьэхъу хъупIэхэм ухэту километр 8-кIэ укIуэми гуэлым ухуэзэнущ.
Гуэлым гъунэгъуу убгъэдыхьэну шынагъуэщ, и хъуреягъкIэ шэдылъэщ. Абы и гъунэгъуу иIэ бгы джабэхэр гъэмахуэм нэр игъэгуфIэу щхъуантIэщ. ЩIымахуэм гуэлым и ныкъуэр тощтыкI. Чегет хуейм укъеплъыхмэ, ар алэрыбгъу зэмыфэгъуу зэхэлъым хуэдэу болъагъу: гъуэжьу, удзыфэу, щхъуантIафэу, плъыжьу, гъуабжэу.

Сылтранкель гуэлыр