Вы бжьакъуэм къыхащIыкI дахагъэ

«Гъуазджэм сыдезыгъэхьэхар, ар фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар дадэщ - КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф. Сызэрысабийрэ абы сыдэплъейуэ сыкъэхъуащ, зэпымыууэ слъагъурт ар езыр творчествэм зэрыхущытыр, ар зэригъэлъапIэр. Сыт щыгъуи сиущийрт, IэщIагъэр гум дыхьэу, дэрэжэгъуэ къуиту къыхэхын зэрыхуейр къызжиIэу. IэпщIэлъапщIагъэр къыхэсхащи, къапщтэмэ, зыгуэрым семылэжьу зы махуэ дэкIамэ, абы сыхуэзэшу щIызодзэ. Ар апхуэдэу щымытмэ, узыпэрыт IэнатIэр умейуэ аращ - си адэшхуэм ар хьэкъыу спхигъэкIащ», - жеIэ Марьянэ.

ЦIыпIынэ Марьянэ дыщэкIщ, зэрыцIыкIурэ художественнэ, хореографие школхэм зыщигъасэу къыдэкIуэтеящ. 2005 гъэм курыт еджапIэр къыщиухым, и Iыхьлыхэми къыдаIыгъри, КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым гъущIхэкIхэм щелэжь и кафедрэм щеджэну щIэтIысхьащ. ЦIыхубзым и дежкIэ ар IэщIагъэ нэхъ гугъухэм ящыщу къалъытэми (псалъэм папщIэ, дыщэидэм елъытауэ), Марьянэ гъущIхэкI лIэужьыгъуэхэм хьэпшып дахэ къызэрыхищIыкIым дэрэжэгъуэ кърет.

- Университетым икъукIэ къыщыдэгугъуащ ди егъэджакIуэхэр. Дэтхэнэми и зэфIэкIыр къызэрытхилъхьэным хущIэкъуащи, фIыщIэ яхузощI. Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликсрэ ди егъэджакIуэ, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Юсбашев Муратрэ емызэшыжу къызэрыддэлэжьар. ЖыпIэнумэ, иджыри ахэращ дызэчэнджэщу диIэр. Абыхэм ди IэщIагъэм и щэху куэд къыдагъэтIэщIащ. Хьэпшып дахэ тщIын къудейртэкъым дызыхуагъасэр, атIэ абы и мыхьэнэм, и тхыдэм куууэ дыпхрагъэплът, - жеIэ Марьянэ. - Накуэ Феликс ди тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ куууэ хещIыкI, псалъэм папщIэ, сыт и уасэ абы и «Знаковая адыгская система» лэжьыгъэм! Си дипломыр щызгъэхьэзырым, ар щIэгъэкъуэн къысхуэхъури, XIX-нэ лIэщIыгъуэм къагъэсэбэпу щыта сэшхуэ зэгъэпэщыжыным селэжьащ. Апхуэдэ хьэпшыпым ущелэжькIэ псом япэу зыщыбгъэгъуэзэн хуейщ абы и тхыдэм - сэшхуэр сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ фащэм кIэрылъми, ар къызэрыкIэрах щIыкIэми, куэдым елъытащ ар нэгъэсауэ пщIыныр. Зы щыуагъэ гуэр пIэщIэкIмэ, а Iэщэ-фащэм и мыхьэнэр кIуэдынущ. А псом гу лъызигъэтащ Накуэм икIи си насыпу къызолъытэ абы сыдэлэжьэну къызэрысхуихуар.

Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр Марьянэ иджы къыщегъэсэбэп езым къызэIуихауэ щылажьэ «Адыгэ дизайн» студием. «Адыгэ лъэпкъым и гъащIэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ сыт щыгъуи щиIащ декоративно-прикладной гъуазджэм епха хьэпшыпхэм. Уеблэмэ дэтхэнэ я IэдакъэщIэкIми, ар цIыкIу-иным емылъытауэ, гупсысэшхуэ халъхьэрт. Ахэм хуэдэ нобэ ди гъащIэм хэтыжкъым. Ауэ лъэпкъ музейм ущыщIэткIэ а зэманым зэрахьа пхъуантэхэр, сэхэр, цIуугъэнэхэр къэбгъэщIэрэщIэжыну уохъуапсэ. БлэкIам зэпымыууэ урипсэун хуейуэ, абы укъытекI мыхъуну къэслъытэркъым, ауэ ахэр ди гъащIэм къыхэтхьэжым лей зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым, - къыхегъэщ дыщэкI бзылъхугъэм.

Шалъэ, сампIэ, зэрызагъэдахэ хьэпшыпхэр, сэшхуэ, нэгъуэщI куэди ещI Марьянэ. ЩIалэщIэ IэпщIэлъапщIэ Тубай Мурат и гъусэу ар елэжьащ пасэрей пхъуантэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным. Хъыджэбзыр зэлэжь сыт хуэдэ хьэпшыпми гу хуабагъ хилъхьэну хущIокъу, нэхъапэм къагъэсэбэпу щыта тхыпхъэхэм гулъытэшхуэ хуещI икIи ахэр нэхъ хъума зэрыхъуным йогупсыс.

IуэхущIапIэр къызэрызэIуихрэ илъэсипщIым щIигъуащи, Марьянэ ищIа хьэпшып зэ къэзыщэхуам къыщытригъэзэж куэдрэ къохъу. Ар и щыхьэтщ бзылъхугъэр и IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым. Апхуэдэуи 20II гъэ лъандэрэ ЦIыпIынэр Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ ныбжьыщIэ центрым щолажьэ, лъахэр джыным сабийхэр щыхигъэгъуазэу. ЦIыкIухэр абы музейхэм ешэ, республикэм и цIыху цIэрыIуэхэр ярегъэцIыху.

- Ди лъэпкъым къыдекIуэкI щэнхабзэм и къулеягъэр къыпхуэмыIуэтэн хуэдиз мэхъу, аращи, абы зыгуэркIэ хэлъхьэныгъэ зэрыхуэсщIыфым срогушхуэ, икIи зэпымыууэ зэрызызужьын хуейм срегъэгупсыс, - дыщIегъу Марьянэ.

ЦIыпIынэр и телъхьэкъым пасэрей тхыпхъэхэм нэгъуэщI гупсысэщIэ хэлъхьэным. Ар хьэлэмэту йолэжь дыжьынымрэ вы бжьакъуэмрэ къыхэщIыкIа хьэпшып зэрызагъэщIэращIэхэм. ГъэщIэгъуэнращи, вы бжьакъуэр Вьетнамым, Индием, Китайм, нэгъуэщI къэралхэми къригъэшын хуей мэхъу. Ауэ апхуэдэ гугъуехьхэр зырикIщ IэщIагъэр фIыуэ плъагъумэ. «Си хьэпшыпхэр къыщацIыхукIэ си гуапэ мэхъу, си гур хохъуэ», - жеIэ Марьянэ.

КъэкIуэну зэманым абы и мурадщ гъущIхэкIхэм зэрелэжьу щыта Iэмалхэр къитIэщIыжыну, ахэр къигъэсэбэпыну. КъищынэмыщIауэ, йогупсыс зауэлIхэм я Iэпкълъэпкъыр къэзыхъумэу щыта гъущI фащэ зэрищIынум.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: