Анэдэлъхубзэ зыщIэ диIэжыну?

Адыгэхэр - къэбэрдейхэр, ша¬псыгъхэр, шэрджэсхэр - зы лъэп¬къщ, тIурылъыр зы бзэщ, тыншу дызэгуроIуэ. Адыгэ псоми ди лъэпкъым и напэр тхъумэн хуейщ, ди хъугъуэфIыгъуэхэмрэ лъэпкъ нэщэнэхэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэм едгъэщIэн папщIэ. 
- Дауэ ар зэрытхузэфIэкIынур? - жаIэрэ упщIэ къызатмэ, си жэуапыр мыпхуэдэщ. Нобэ ди зэпыщIэныгъэхэмкIэ IэмалыфIу диIэщ Интернетыр. КъыкIэлъыкIуэу глобализа¬цэм фIагъыу хэлъхэри къэдгъэсэбэпыныр хэкIыпIэфIщ. Щэнхабзэм теухуа интернет зэхыхьэхэр зэхэтшэн хуейщ. Пэжщ, ныбжьыщIэхэр зы щIыпIэ щызэхуэпшэсрэ нэIуасэ зэхуэпщIмэ, дауи, куэдкIэ нэхъыфIщ. Ауэ ди къэралым и мызакъуэу, адыгэхэр щыпсэу нэгъуэщI къэралхэми апхуэдэ зэхыхьэхэр къыщызэрагъэпэщу щIадзэмэ, фIы куэд къыпэкIуэнущ. 
Лъэпкъым и пщэрылъ нэхъыщхьэр - лъэпкъыу къызэтенэжыныр аращ. Ар къыдэхъулIэн папщIэ цIыхущхьэр хэгъэхъуэнми егугъупхъэу къызолъытэ. МащIэ дыхъукIэ, ди Iуэху кIуэтэнукъым икIи къикIынукъым. ЕтIуанэрауэ, лъэпкъым щыщ цIыху нэхъыбэм анэдэлъхубзэр ягъэшэрыуэу щытын хуейщ.
Убыххэм я щхьэ кърикIуам щымыгъуазэ къытхэткъым. Ахэр адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я лъэпкъэгъуу Сочэ щыпсэуахэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм ящыщу а щIыпIэм зыри къинэжакъым, убыхыбзэри къэIужыркъым, къэнар щIыпIэцIэхэм я закъуэщ. Убыххэр мымащIэу зэрыс Тыркум цIыху мин 15-20 хуэдиз щыпсэууэ къалъытэ, абыхэми я бзэр ящIэжыркъым. Абхъаз бзэщIэныгъэлIхэм Тыркум ит убых къуажэ зыбжанэ къызэхакIухьащ, зи гугъу тщIым фIы дыдэу щы¬гъуазэхэщ икIи щыхьэт техъуэфынущ.
Гукъеяуэшхуэу тлъытэми, убыхыбзэм къыщыщIам пэблагъэщ адыгэбзэри, абхъазыбзэри, абазэбзэри. Къэбэрдеибзэм и Iуэхур тIэкIу нэхъыфIщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэбэрдейхэм щыщу нэхъыбэм я анэдэлъхубзэр ящIэ, иропсалъэ. Адыгейм щыпсэухэу зи анэдэлъхубзэр зыщIэхэм я бжыгъэр мащIэ хъуащ.
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ щIэныгъэ институтым зэхиша кIэлъыплъакIуэ гупым къызэрахутамкIэ, Мейкъуапэ дэс сабийхэм я мызакъуэу, къуа¬жэ¬хэм дэсхэми бэ дыдэ яхэтщ адыгэбзэр ямыщIэу. Сыт абы къикIыр? Анэ-адэхэм анэдэлъхубзэр ящIэми, я бынхэм ирагъащIэркъым. Уеблэмэ, куэд яхэтщ анэдэлъхубзэр и сабийм имыщIэми хъуну къэзылъытхэр. ГурыIуэгъуейщ а гупсысэр, акъылым къимыубыд икIагъэщ. 
Илъэс тIощI хуэдиз дэкIмэ, балигъ хъунущ а сабийхэр. ИтIанэ адыгэм я нэхъыбэр адыгэбзэкIэ псэлъэжынукъым. IуэрыIуатэ лъыхъуэу щIэныгъэлIхэм къуажэхэр къызэрызэхакIухьым хуэдэу, адыгэбзэр фIыуэ зыщIэхэр къэтлъыхъуэу дыхъуну къыщIэкIынущ. 
АтIэ адыгэ макъ зэхэдмыхы¬жу дыкъэнэнура дяпэкIэ? Зыри дымыщIэу дыщысмэ, анэдэлъхубзэм ар къыщыщIынущ. Бзэ программэхэр зэхалъхьэри, кIуэдыпIэм кърашащ Басконием, Ка¬талонием, Уэллс зэрыщыпсалъэ бзэхэр. Журтхэм я бзэу кIуэдыжам псэ халъхьэжащ.
Ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ анэдэлъхубзэр зэрагъэщIэн папщIэ, щIэуэ, зэманым декIуу зэрырагъаджэ Iэмалхэр, гъэсэныгъэ хабзэхэр убзыхуныр. Ар хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми ялъэгъэIэсыныр. Сабий садхэм къыщыщIэдзауэ, курыт еджапIэхэм адыгэбзэр зэрыщрагъэщIэн, зэрыщрагъэджэн программэхэр зэхэлъхьапхъэщ. Мы зи гугъу сщIы программэм къэрал лъабжьэ иIэн хуейщ, абыкIэ щIэгъэбыдамэ, ипэкIэ нэхъ дыкIуэтэфынущ. 
КъыжыIэн хуейщ, адыгэбзэр фIыуэ зыщIэ ныбжьыщIэхэм зымыщIэхэр щIехъуэпсэн гуэр къэгупсысын зэрыхуейр. КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэр ящIэн икIи ирилэжьэн хуейщ къэрал къулыкъущIэхэр. 
Къэралым нэмыщI, мы Iуэхум нэхъ куууэ елэжьын хуейуэ щытщ Дунейпсо Адыгэ Хасэр. ДАХ-м дунейм щикъухьа адыгэхэр зэрипхыныр и къалэну щыщыткIэ, абыхэм бзэр егъэщIэным, зэгурыгъэIуэнми и гуащIэ хилъхьэн хуейщ. Бзэр псэун, зэрагъэщIэн папщIэ мылъку хухэхын хуейми, нэгъуэщI хэкIыпIэхэр къэгъуэтын хуейми иубзыхуфыну си гугъэщ ДАХ-м. Абы мыр лъэпкъ Iуэхуу зэрыщытыр цIыхухэм ягуригъаIуэмэ, адыгэ псори къызэщIигъэуIэмэ, анэдэлъхубзэр тхъумэн тлъэкIынущ. 
Дуней псор къапщтэмэ, Википедиер адыгэбзэкIэ зэрыщымыIэм узыхуэсакъыжын зэрыхуейм укъыхуреджэ. Бзэм и Iэмал псори къэдгъэсэбэпыркъым. Адыгэхэм я тхыди, я хъыбари, я хабзи мы иужьрей илъэсхэм куэдрэ пхэнжу ятх, яIуатэ. Апхуэдэу щыуэхэр гупсысэ пэжым хуэунэтIыжынымкIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм IэмалыфIхэр иIэщ. Абы и сайтым щрагъэжьащ тхыдэм теухуа пэжыр къралъхьэу, нэгъуэщI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыу. А сайтыр бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ «псалъэу» щытамэ, сэбэпынагъ нэхъыбэ пылъынут. 
Хэгъэгу, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм ярыс адыгэ ныбжьыщIэу анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIэну хуейхэм Iэмал ятыпхъэщ. Тыркум, Иорданием, Щамым, Европэм адыгэу щыпсэур мащIэкъым. Дэри, хэкум исхэм, къызэгъэпэщакIуэхэр, лъэпкъым ехьэлIа Iухухэр зэфIэхынымкIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр, адыгэбзэм, хабзэм, щэнхабзэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр, хасэхэм хэтхэр - лъэп¬къыр зыхъумэн зыхузэфIэкIынухэр мымащIэу диIэщ. Ди къару зэхэтлъхьэрэ зи гугъу тщIы Iуэхум и хэкIыпIэхэр дубзыхумэ, и фIыгъэ къызэрыдэкIынум шэч хэлъкъым. 
Тау Нуриет, 
филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат.
 

 

АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: