ЩIыналъэ унафэщIхэр зочэнджэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Ипщэм и субъектхэм я муниципальнэ щIыналъэхэм я ЗэзыгъэуIу Советым Налшык къалэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм. ЩIыналъэ зэхуаку зэхыхьэм и лэжьыгъэм хэтын папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Адыгей Республикэм, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм, Кърым Республикэм, Ингуш Республикэм, Дагъыстэн Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Къалмыкъ Республикэм, Шэшэн Республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Астрахань, Волгоград, Ростов областхэм, къалэ-лIыхъужь Севастополь я лIыкIуэхэр.
КIуэкIуэ Казбек фIэхъус псалъэхэмкIэ ЗэзыгъэуIу Советым и тхьэмадэ Наумкин Олег, Урысей Ипщэ хиубыдэ щIыналъэхэм я лIыкIуэхэм захуигъэзащ икIи ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыкIуам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ.
ЗэзыгъэуIу Советым и зэIущIэм щIэсахэм зэакъылъэгъуу даIыгъащ Донбасс и цIыхухэр хъумэным хуэгъэза дзэ операцэ хэхар егъэкIуэкIыным теухуауэ Урысейм и Президент Путин Владимир къищта унафэр. Апхуэдэу ахэр тепсэлъыхьащ операцэ хэхар езыгъэкIуэкI зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуныр къызэрызэрагъэпэщым. Делегатхэр адэкIэ зэчэнджэщащ муниципальнэ щIыналъэхэм я советхэм я лэжьыгъэм пыщIа Iуэхухэмк1э.

Поделиться: