НОБЭГъатхэпэм и 30, махуэку Урысей вулканологхэм я махуэщ 1934 гъэм къалъхуащ Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ я чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд. 1941 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Дэбагъуэ Хьэсэн. 1946 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. 1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Къэрал Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Хъупсырджэн Албэч. 1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Бажэ Дотий. 1961 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и унафэщI-редактор, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист ЖьэкIэмыхъу Маринэ. 1973 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Къардэн Хьэсэн. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
|