«Вагъуэ цIыкIухэр» аргуэру пашэ мэхъу

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Едыджщ) Гран-при саугъэтыр къыщихьащ цIыхубэ къафэхэмкIэ Сочэ къалэм щекIуэкIа «Код нации» япэ международнэ зэпеуэмрэ Железноводск къалэм «Радость планеты» щэнхабзэ-егъэджэныгъэ Iуэхум хыхьэу щызэхэта «Кубок России» международнэ чемпионатымрэ.

Сочэ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм зэхуишэсащ Урысейм и щIыналъэ 20-м щIигъум щыщ къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр. ЩIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу адрейхэм щефIэкIа «Вагъуэ цIыкIу» ансамблыр абы и зэфIэкI зэрыщеплъыжар икIи пашэ зэрыщыхъуар гуапэщ. 
«Вагъуэ цIыкIу» зэпеуэм щагъэлъэгъуащ уэркъ къафэ, удж пыху, авар хъыджэбз къафэ, къэбэрдей ислъэмей къафэхэр. Дэтхэнэ къафэми саугъэт щхьэхуэхэр къыхуагъэфэщащ. Гупым ягъэлъэгъуащ адыгэ къафэм и дахагъэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхэмрэ гъуазджэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр. 
КъэпщытакIуэ гупым хэтахэм «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым и къафэхэр хуабжьу ягу дыхьащ икIи къалъытащ Нартан къуажэм икIа къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр зэпеуэм жэуаплыныгъэ ин яхэлъу зэрыбгъэдыхьар. Гупым Гран-при саугъэтыр къыхуагъэфэщащ, ахъшэ саугъэтрэ щIыхь тхылъхэмрэ щIыгъуу. Гупым и художественнэ унафэщI Къурашэ Едыджи зэпеуэм и щIыхь тхылъыр къратащ.
Ставрополь крайм хыхьэ Железноводск къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм гъатхэпэм и 25 - 26-хэм щекIуэкIа "Кубок России" зэпеуэм и Гран-при саугъэтри къахьащ.  НыбжьыщIэхэм я зыIыгъыкIэ, утыку итыкIэ дахэмкIэ къеплъахэр къахьэхуащ. Зэхьэзэхуэм и кIэух концертми къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм гукъинэжу зыкъыщагъэлъэгъуащ. 

 "Вагъуэ цIыкIу" ансамблым и зэфIэкIым илъэс зыбжанэ хъуауэ куэд кIэлъоплъ икIи телъыджэ ящохъу. Республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр зыгъэдахэ «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм я хьэл-щэн дахэр, я зэфIэкIыр куэдым я дежкIэ щапхъэщ, абыхэм я ехъулIэныгъэхэм уригушхуэ хъунущ. НыбжьыщIэхэм я утыку итыкIэмкIэ зыхыбощIэ ди лъэпкъым и хабзэхэмрэ гъуазджэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр. Къафэм къыдэкIуэу, ахэр пшынэмрэ бэрэбанымкIи зэрымыхуэмыхур умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Ар зи фIыщIэр сабийхэм псэемыблэжу ядэлажьэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ цIэрыIуэ Сэхъу Хьэсэнрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, бэрэбэнауэ Iэзэ Шэрэдж Алийрэщ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым хэтхэр я фащэкIи къызыхуэтыншэу зэпэщу утыку зэритым укIэлъыплъыну гухэхъуэщ.

Щэнхабзэ зэхуэсхэмрэ фестивалхэмрэ зэрызыкъыщагъэлъагъуэм и фIыгъэкIэ, гупым Iуэху бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэхэм зыхагъэгъуазэ, я зэфIэкIым хагъахъуэ. Нэхъыщхьэращи, Къурашэ Эдик и гъэсэн ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым куэд дехьэх икIи Iэгуауэшхуэ хуаIэт. ЗэфIэкI зиIэ къэфакIуэхэр хамэ къэралхэми къыщацIыхуащ. КъищынэмыщIауэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр псапэ Iуэхухэми жыджэру хэтщ. 
Ансамблыр зэпеуэхэм кIуэнымкIэ икIи зыкъыщагъэлъэгъуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ Шэджэм район администрацэм и Iэтащхьэ Борсэ Юрэ, Нартан къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Урыс Эльдар, хьэрычэтыщIэхэу Бадаев Алан, Абубакаров Муслъим, ДыщэкIхэ Артуррэ Владимиррэ, Къаныкъуэ Замир, Зэхъуэхъу Юрэ сымэ. Гъэ къэси хуэдэу, ансамблым КъБР-м и Музыкэ театрымрэ Нартан къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ концертхэр щитыну и мурадщ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: