НОБЭМэлыжьыхьым и 20, махуэку
Урысейм щагъэлъапIэ Лъы зытым и махуэр
1937 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ станицэр къалэ хъуащ.
1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Сындыку Тобий (Анатолэ).
1932 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-ми КъБР-ми гъузджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Теувэж СулътIан.
1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Ибрэхьим.
1940 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Джырандокъуэ Михаил.
1949 гъэм къалъхуащ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Ацкъан Руслан.
1955 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щоджэн Ахьмэд.
1965 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Беслъэней Эдуард.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 – 18, жэщым градуси 10 - 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
КъыпкIэлъымыкIуэм узыкIэлъигъэкIуэнукъым.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 →
НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
|