Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ 1912 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Пэрэныкъуэ Мурат. 1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий. 1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ щыта Апажэ Назир. 1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Iэбубэ. 1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Апышэ Абрэдж. 1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ. 1939 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессор Нэхущ Владимир. 1943 гъэм къалъхуащ усакIуэ, ЩIДАА-м и академикыу щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн. 1944 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Джырандокъуэ Верэ. 1948 гъэм къалъхуащ Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI ПэтIуащIэ Феликс. 1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIыс Мухьэмэд. 1952 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалмыкъ Кларэ. 1953 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Хьэмыку Жаннэ. 1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Вадим.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 21-рэ, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.