Зэрырагъэжьам хуэдэу псын­щIэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ видео­конференц IэмалкIэ къызэрагъэпэща, ­УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комис­сэм и Президиумым и зэхуэсым. ЗэIущIэр ири­гъэ­кIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, феде­раль­нэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъумрэ гъуэгу­хэмрэ унэхэмрэ епха ухуэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ. ЩIыналъэ щхьэхуэхэм я Iуэху зыIутым теухуауэ къэпсэлъащ УФ-м ухуэныгъэ Iуэхухэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирекрэ УФ-м транспортымкIэ и министр Костюк Андрейрэ. Ухуэныгъэм халъхьэ инвестицэхэр нэхъ мащIэ ящIыну унафэ къызэращтам емылъытауэ, лэжьыгъэхэр зэрырагъэжьам хуэдэ дыдэу псын­щIэу ирагъэкIуэкIыну къалэн къыщащIащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым ехьэлIауэ, ухуэныгъэ лэжьыгъэм нэхъ хиубыдэр егъэджэныгъэм епхахэрщ: зэуэ школыщIэ 16 яухуэ, абыхэм ящыщу 7-р 2023 гъэм и кIэм яутIыпщынущ. Лышх къызэузхэм щеIэзэ диспансеррэ поликлиникэрэ щIэуэ кърагъэжьащ, школрэ амбулаторэу зыбжанэ зэIузэпэщ ящI. ЦIыхухэр зыщIэтIысхьэжа унэщIэхэмрэ инвестицэхэр къагъэщхьэпэу ящIа IуэхущIапIэхэмрэ я хъуреягъкIэ инфраструктурэр зэгъэпэщын, пщIантIэхэр зыхуей хуэгъэзэн Iуэхум адэкIи пащэнущ. «ФIагъ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» проектымрэ федеральнэ программэхэмрэ япкъ иткIэ, зыхуей хуагъэзэну къалэн зыщащIыжа гъуэгу ухуэныгъэу 87-м щыщу 22-р яухакIэщ. КъинэмыщIауэ, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ къэрал мылъкум кIэлъып­лъын, къызыхуэтыншэ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм мылъку хухэгъэкIын, бюджет кредитхэмрэ Лъэпкъ фондымрэ щыщ мылъкукIэ инфраструктурэм зегъэужьын зэрыхуей Iуэхухэм.

Поделиться: