НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 5, бэрэжьей

         Лэжьэрейм и дунейпсо махуэщ

         1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэIуахащ.

         1663 гъэм къалъхуащ Къэбэрдейм и пщы уэлий, Къэнжал зауэм текIуэныгъэр къыщызыхьа адыгэдзэм и пашэу щыта ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ.

         1900 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Абыкъу Хъалид.

         1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Апажэ Мухьэмэд.

         1941 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Даут Юрэ.

         1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Алий Сулеймэн.

         1963 гъэм къалъхуащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутат, «Абазашта» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Къул Фирдаус.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.   Хуабэр махуэм   градус 29 – 31-рэ, жэщым градус 19 – 23-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Ныбэм и лажьэр IуэтэжыгъуафIэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ