НОБЭШыщхьэуIум и 8, гъубж Офтальмологием и дунейпсо махуэщ Альпинизмэм и дунейпсо махуэщ 1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ республикэм и къалащхьэм и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну, щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну. 2008 гъэм Китайм и къалащхьэ Пекин къыщызэIуахащ гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ абы чемпион щыхъуауэ щытащ адыгэ щIалэ Хъущт Аслъэнбэч. 1937 гъэм къалъхуащ балетмейстер Марыщ Заур. 1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Къудалий Мухьэмэд. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 34 - 36-рэ, жэщым градус 24 - 27-рэ щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Бажэм и хьилагъэр япэ итщ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 →
НОБЭ
08.05.2024 - 09:00 →
НОБЭ
|