Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм топсэлъыхьКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «щIыналъэ сыхьэт» зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, вице-премьерхэу Къуныжь МуIэедрэ Хъубий Маратрэ, къалэ, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэр. - Иджыпсту Iуэху нэхъыщхьэу диIэр лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ гъэзэщIэнырщ. БлэкIа мазиблым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ къэралым и хэгъэгухэм я деж ещанэ увыпIэр щытIыгъщ. И кIэм нэдгъэс лэжьыгъэхэм ящыщщ щIыналъэ гъуэгухэр щIыныр, курыт школхэм я спорт пэшхэр зэгъэпэщыжыныр. Къапщтэмэ, еджапIэхэр зыхуей хуэгъэзэжынымкIэ лэжьыгъэхэр зэраубзыхуам тету йокIуэкI, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ 40 зэрызэрагъэпэщыжми зэпымыууэ дыкIэлъоплъ, - жиIащ Мусуков Алий.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2024 - 15:45 →
IэIэтым – унагъуэкIэрэ
18.03.2024 - 15:10 →
Гъатхэмрэ мурад дахэхэмрэ
15.03.2024 - 13:33 →
Дзыхь зыхуэфщIыр къыхэфх!
29.02.2024 - 14:07 →
КъэкIуэнум дызэреплъ нэ
26.11.2023 - 10:59 →
ЩIыналъэм и хэхъуэр сом мелард 50-м щIигъунущ
|