ЩIэныгъи, къаруи, зэфIэкIи

Ди гуапэ зэрыхъущи, ди къэралым ис щIалэгъуалэм куэду яхэтщ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъхэр, IуэхугъуэфIхэм хуэжыджэррэ жэрдэм дахэхэр къыхэзылъхьэхэр. Абыхэм ящыщу мащIэкъым щалъхуа жылэхэм, къуажэхэм я ехъулIэныгъэм хуэлажьэу а щIыпIэхэм IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щезыхьэкIхэр. Мис апхуэдэ щIалэгъуалэ жыджэрхэр, гупсысэщIэхэмрэ Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ зи куэдхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым.

 «Кавказ Ищхъэрэм и къуажэдэс щIалэгъуалэм «Команда 5642» я форум» фIэщыгъэр зиIа а зэIущIэшхуэр къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Къуажэдэс щIалэгъуалэм я урысейпсо зэгухьэныгъэмрэ КъБКъМУ-мрэ и гъусэу. Iуэхугъуэ дахэр диIыгъащ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм. МахуищкIэ зэхэта зэхуэсым кърихьэлIащ къуажэр, абы щекIуэкI гъащIэр зыфIэхьэлэмэт, абы и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI е хуэзыщIыну гукъыдэж зиIэ, Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэхэм ящыщ щIалэгъуалэр. Абыхэм яхэтт къулыкъущIэхэри, егъэджакIуэхэри, щэнхабзэ лэжьакIуэхэри, хьэрычэтыщIэ ныбжьыщIэхэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я пашэхэри.

 Проект купщIафIэм и жэрдэмщIакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, зэхуэсыр къызэгъэпэщыным и мурад нэхъыщхьэр къуажэхэм дэс щIалэгъуалэм яхэлъ жыджэрагъыр нэхъри къэIэтынырщ, нэгъуэщI щIыпIэхэм, къалэхэм лэжьапIэ IэнатIэ къалъыхъуэу мыIэпхъуэу, щалъхуа щIыналъэм сэбэп щыхъужын хуэдэу Iэмалхэр къахузэгъэпэщыным теухуа Iуэхугъуэхэр къэIэтынырщ. А къалэнхэр я гъуазэу, зэхуэсым и утыкум щытепсэлъыхьащ къуажэхэм псэукIэ тэмэм щызэтеублэным зэран хуэхъу щыщIэныгъэхэм, ахэр зэрыбгъэзэкIуэж хъуну хэкIыпIэхэм.

Къэрал къулыкъущIэхэми гулъытэшхуэ хуащIащ щIалэгъуалэм я щIыналъэпсо зэхуэсым. Абыхэм къахуеблэгъахэм ящыщщ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, КъБКъМУ-м и ректор Апажэ Аслъэн, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и лIыкIуэ Козловэ Алинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. ХьэщIэ лъапIэхэр зэхуэсым и утыкум къыщыпсэлъащ, зи щIалэгъуэхэр Iуэху хьэлэмэтхэм, купщIафIэхэм трагъэгушхуэрэ дэIэпыкъуэгъурэ чэнджэщэгъурэ абыхэм зэрахуэхъунумкIэ шэсыпIэ иувэу. ЩIалэгъуалэми утыку ирахьащ я Iуэху еплъыкIэщIэхэр, щалъхуа жылэхэм, къуажэхэм я ехъулIэныгъэм, зыужьыныгъэм хуэгъэпса жэрдэмыфIхэр зэракуэдым и щыхьэту. Апхуэдэуи нэхъыжьхэр къагъэгугъащ ахэр зэфIэхынымкIэ ялъэкI псори ящIэну зэрыхьэзырымкIэ.

Зэхуэсышхуэм и пленарнэ Iыхьэр зэфIэкIа нэужь, абы хэтахэр гуп-гупу зэбгрыкIащ икIи секцэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ. ЛэжьыгъэфIхэр къыщрахьэлIащ «Къуажэмрэ щэнхабзэмрэ», «Къуажэмрэ спортымрэ», «Къуажэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ», «Къуажэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ» гупхэм. А унэтIыныгъэхэр нэхъапэIуэкIэ убзыхуа хъуауэ щытащ, КъБР-м Iуэху куэд щызэфIах щIалэгъуалэ центрым щIыпIэхэм щригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр я тегъэщIапIэу. А IуэхущIапIэм проектыр гъэзэщIэнымкIэ и къудамэм и пашэ Къумахуэ Элинэ зэрыжиIамкIэ, зыхуагъэувыжа къалэнхэр епхат жылэхэм щыщыIэ Iуэхухэм ящыщу зи щIалэгъуэхэр зыгъэпIейтейхэр сэтей къэщIауэ ахэр тэрэз зэрыпщIыж хъуну хэкIыпIэхэр убзыхуным. А IуэхугъуэхэмкIэ щIыпIэ щIалэгъуалэм чэнджэщ кърату къадэIэпыкъуащ федеральнэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, IэщIагъэлIхэр.

Форумым хэта щIалэгъуалэр зэрыцIыхуауэ, Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ зэдэгуэшарэ жэрдэмыщIэхэр я куэду зэбгрыкIыжащ, я къуажэхэм заужьыным я щIэныгъи, къаруи, зэфIэкIи халъхьэну хьэзыру.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: