ЩIалэгъуалэм я хуитыныгъэхэр къалъытэ

ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ КъБР-м и Уполномоченнэ советым и зэхуэсым щытепсэлъыхьащ IуэхугъуитIым: Урысей Федерацэм цIыхум и хуитыныгъэмкIэ и уполномоченнэхэм я советым «ЩIалэгъуа­лэм я хуитыныгъэхэр хъумэным теухуауэ» яIа зэIущIэм кърикIуахэм, 2023 гъэм ЦIыхум и ­хуитыныгъэхэр къызэгъэпэщынымкIэ КъБР-м и Уполномоченнэ советым илэжьахэм. 

ЩэкIуэгъуэм и 15 - 16 махуэхэм Москва ще­кIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIалэ­гъуалэм я хуитыныгъэхэм. Абы хэтащ УФ-м и щIыналъэхэм цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэхэр, сенаторхэр, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, уполномоченнэм къегъэщIылIа щIалэгъуалэ ­советхэр, Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм, «Росмолодёжь» ­федеральнэ агентствэм я лIыкIуэхэр, къулыкъущIэхэр. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м цIыхум и ­хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Москальковэ Татьянэ. Советым хэтхэм закъы­хуигъэзащ УФ-м и Президент Путин Владимир:
- Зэхуэсыр теухуащ щIалэгъуалэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным. Абы и лъэныкъуэкIэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ етыныр, лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыныр, унагъуэщIэхэм гулъытэ яхуэ­щIыныр. А Iуэхугъуэхэм къэралым гулъытэ лей хуещI. Ауэ щыхъукIи, дыбэлэрыгъ хъунукъым, щIалэгъуалэр зыхуэныкъуэр зэхэдгъэкIыурэ абы тещIыхьауэ Iэмалхэр къэдгъэсэбэпын ­хуейщ. А Iуэхум теухуа федеральнэ, щIыналъэ программэхэмрэ проектхэмрэ и чэзум хэлъхьапхъэхэр хэтлъхьэурэ дгъэзэщIапхъэщ, - жиIащ Москальковэм. Абы къыхигъэщащ щIалэ­гъуалэм я хуитыныгъэхэр Урысейм и щIалэгъуа­лэм теухуауэ щалэжь псоми я нэхъыщхьэ дыдэхэм зэращыщыр. Советым хэтхэм къыхагъэщащ дзэ Iуэху хэхам ираджэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я хуитыныгъэхэм теухуауэ щыIэ хабзэ щхьэхуэхэр дэщIыгъужыныгъэхэм зэры­хуэ­­ныкъуэр. Апхуэдэу, зэIущIэм къыщаIэтащ уна­гъуэщIэхэм ядэIэпыкъуным, сабий зеин­шэ­хэмрэ сабий ныкъуэды­къуэхэмрэ я хуитыныгъэр хъу­мэным, еджакIуэ­хэм, студентхэм, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм ­гулъытэ яхуэщIыным теу­хуа Iуэхухэри. 
- Профессор Хъубий Башир сэрэ цIыхум и хуитыныгъэхэр къызэгъэпэщынымкIэ УФ-м и Уполномоченнэм и аппаратым едгъэхьащ щIалэ­гъуа­лэм я Iуэхум теухуауэ щыIэ зэIумыбзхэмрэ абы­хэм къахуэбгъуэтыфыну хэкIыпIэхэмрэ къыщыдгъэлъэгъуа тхыгъэ.
КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис 2023 гъэм яIа IуэхущIафэм щытепсэлъыхьым, къытеувыIащ минис­терствэхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм, цIы­хум и хуитыныгъэмкIэ федеральнэ органхэм я щIыналъэ къудамэхэм зэрадэлажьэр. 
- 2023 гъэм ди къалэн нэхъыщхьэу щытащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуныр. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди ­къуэ пажэхэм хахуагъэ, лIыгъэ къагъэлъагъуэу абы зэрыщыIэр. 
Къапщтэмэ, 2023 гъэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм ящыщу дэ зыкъыт­хуагъэзащ цIыху 22-м: хъыбарыншэу кIуэдахэр къэлъыхъуэнымкIэ, хэкIуэдахэм я хьэдэр къэ­шэжынымкIэ, фэбжь зыгъуэтахэм медицинэ Iуэхутхьэбзэ ягъуэтынымкIэ, уIэгъэ хъуахэм е хэкIуэдахэм я унагъуэм етыпхъэ ахъшэр яIэ­рыхьэжынымкIэ дадэIэпыкъуну къыдэлъэIуу, - къыхигъэщащ абы. 
КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, дзэ Iуэху хэхам хэта ветеранхэмрэ дзэм хэту къаукIахэм я унагъуэхэмрэ республикэм и санаторэхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ пщIэншэу я узыншагъэм щыкIэлъыплъыну хуит ящIащ. 
Дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда ди лъахэгъухэм я ­фэ­еплъ Налшык къалэ щыгъэувыным теухуауэ уполномоченнэм къыхилъхьа жэрдэмыр республикэм и унафэщIхэм къызэрыдаIыгъари жиIащ Зумакуловым. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор. 
- ЩIалэгъуалэм щIэныгъэ етыныр, гъащIэм увыпIэ тэмэм щаубыдынымкIэ гулъытэ яхуэ­щIыныр министерствэм и къалэн нэхъыщхьэщ. НыбжьыщIэхэм я гупсысэр зэрызэтеувэнум, хьэл-щэну зыхалъхьэнум теухуауэ дэри жэуап дохь. Къэралым, республикэм а Iуэхугъуэхэм ­гулъытэшхуэ щаIэщ. Ди министерствэм хузэ­фIэкIымрэ илэжьымрэ я мыхьэнэр дэ езым къэтлъытэжыфыну къыщIэкIынукъым. Ар наIуэ ищIынущ зэманым, ар къагъэлъэгъуэнущ ди щIалэгъуалэм, - жиIащ министрым. 
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт цIыхум и хуитыныгъэмкIэ КъБР-м и уполномоченнэм фIыщIэ хуищIащ щIалэ­гъуалэм я хуитыныгъэхэм гулъытэ щхьэхуэ зэры­хуищIым папщIэ. 
- Урысей Федерацэм щопсэу зи ныбжьыр илъэс 14 - 35 хъу цIыху мелуан 39-рэ. Ар къэралым и процент 27-рэ мэхъу. Ди республикэм ­щопсэу щIалэгъуалэу цIыху мин 277-рэ - ди цIыхухэм я процент 30. Къыхэзгъэщыну сы­хуейщ иужьрей илъэсипщIым ди къэралым псом хуэмыдэу щIалэ­гъуалэм гулъытэ зэры­щыхуащIыр. 2009 гъэм щIалэгъуалэ Iуэхур зи къалэн федеральнэ орган щхьэхуэ къэунэхуащ. 2020 гъэм къэралым къыщащтащ а Iуэхухэр зыгъэбелджылы хабзэ. 2022 гъэм Урысейм и Президентым Iэ щIидзащ «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» къэралпсо жылагъуэ Iуэхум. НобэкIэ гулъытэшхуэ хуащIу ягъэзащIэ: «Социальная активность», «Молодёжь России», «Патрио­ти­ческое воспитание» проектхэр. ЩIалэгъуалэм пап­щIэ Iэмал куэд щыIэщи, ахэр ябгъэдэтлъхьэн, къагурыдгъэIуэн хуейщ, - жиIащ абы. 
- Нэгъабэ къэунэхуащ «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэр». ЩIыналъэ къэс езым и Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ ирегъэкIуэкI а лэжьыгъэр. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ зэчий зыбгъэдэлъ, хэлъэт зиIэ, куэдым хунэсыну хущIэкъу щIалэгъуалэ ­дахэ дызэриIэр. Абыхэм уадэлэжьэну гугъэпсэ­хущ. 
5 - 11 классым щеджэ ныбжьыщIэхэм дахэупщIыхьащ нэхъ къэзыгъэгузавэ, ягу къеуэ Iуэхугъуэхэр едгъэтхыу. Нэхъыбэ дыдэу ахэр егъэшынэ езыхэм я ныбжьхэм къытрагъэхьэнкIэ хъуну лейм, я адэ-анэхэм я гур зэIухауэ я гукъеуэхэр зэрыхуамыIуэтэфым. Сыт сабийхэр, ныбжьыщIэхэр зыхуэныкъуэр? Я дзыхь зрагъэз цIыху епсэлъэну, къагурыIуэну. Нэхъапэхэм щыIа адэшхуэ-анэшхуэ хуабагъри, иджыпсту куэдым къалъысыркъым, - къыхигъэщащ «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн.
Зумакуловым зэIущIэм щыжаIар къыщызэ­щIикъуэжым игъэбелджылащ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэр. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: