IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Налшык къалэм и Курзалым къыщызэIуахащ «Арт-эль» фестивалыр. Абы хыхьэу къызэрагъэпэщащ КъБР-м и IэпщIэлъапщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм я япэ выставкэр.
Республикэм и IэпщIэлъапщIэхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ дэрбзэрхэр, цы зэIузыщэхэр, пхъэм хьэпшыпхэр къыхэзыIущIыкIхэр, ятIэ гъэжьам елэжьхэр, арджэн зыщIхэр, кIэщIу жыпIэмэ, ди гъащIэр зыгъэдахэхэр зэкъуагъэувэн, зэрагъэщIэн, зым и IэщIагъэм адрейр хагъэгъуэзэн папщIэ.
- Мыр ди япэ гъэлъэгъуэныгъэщ. Ди цIыху IэпщIэлъапщIэхэм гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэхэм я IэрыкI нэхъыфIхэм фыщагъэгъуазэ. Гъэм и зэман къэс апхуэдэ зэхыхьэр тщIыну ди мурадщ, - жиIащ КъБР-м и IэпщIэлъапщIэхэм я зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщак1уэ икIи абы и унафэщI Жулабовэ Маринэ. – ВыставкэмкIэ къыддэIэпыкъуащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр.
IэпщIэлъапщIэ пщIы бжыгъэхэм я IэдакъэщIэкIхэр Курзалым щагъэлъагъуэ. Апхуэдэщ Жулабовэ Маринэ пхъэм къыхищIыкIа, цIыхубзхэм зэрызагъэдахэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр. Вэрокъуэ Рустам утыку кърихьащ фэм къыхищIыкIа и лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр. Абазэ Рэмэзан егъэлъагъуэ и макъамэ Iэмэпсымэхэр. IэпщIэлъапщIэ цIэрыIуэ Шишман Залинэ цIыхубзхэм зэрызагъэдахэ, адыгэ тхыпхъэхэр зыхэт и IэрыкIхэри щыболъагъу абдеж! «Адыгэ псалъэ» газетым и сурэттех Къарей Элинэ бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIугъэнэхэр, триха сурэтхэр къызытещ сумкэхэр, открыткэхэр егъэлъагъуэ. Прикладной гъуазджэм дихьэххэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ Мыз Альбинэ и скульптурэ лэжьыгъэхэри. ЕссэнтIыгу къикIа Крамаренкэ Иринэ выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэр игъэгуфIауэ жыпIэ хъунущ макъамэ Iэмэпсымэхэм (бэрэбан, скрипкэ, шарманкэ) еуэу ищIа мыщэхэмкIэ!
IэпщIэлъапщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм жаIащ я лэжьыгъэхэм я щIэупщIэм хэхъуэну, прикладной гъуазджэм и пщIэр къаIэтыну, выставкэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщынымкIэ щхьэпэну зэрыщыгугъыр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: