НОБЭ

ЩIышылэм и 30, гъубж

Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ я дунейпсо махуэщ

         1863 гъэм Урысейм унафэ къыщащтащ цIыхум судкIэ удын ебдзынуи, дамыгъэ тебдзэнуи хуит уимыщIу.

         1943 гъэм 6-нэ нэмыцэдзэм Сталинград деж зыщитащ. Ар Хэку зауэшхуэм советыдзэхэм щытекIуэным щIэдзапIэ хуэхъуауэ къалъытэ.

1951 гъэм къалъхуащ Беслъэней къуажэм дэт сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, КъШР-м и цIыхубэ дохутыр Къуэн Валентинэ.

         1954 гъэм къалъхуащ УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, адыгэ щIыналъэм теухуа фильм зыбжанэ тезыха, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэгъаплъэ Аскэрбий.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ.  Махуэм щIыIэр градуси 3 - 2, жэщым градуси 6 - 5 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ:

Уи псалъэр гуапэми, уи къэпыр нэщIмэ, мыхьэнэншэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ