НОБЭ

ЩIышылэм и 31, бэрэжьей
Фаджэ (проказа) узыфэр зыпкърытхэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
ДыщэкIым и дунейпсо махуэщ
1924 гъэм
Советхэм я етIуанэ съездым къыщащтащ СССР-м и япэ Конституцэр.
1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ республикэм и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр.
1996 гъэм къащтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьыным теухуа къэрал программэр.
1837 гъэм къалъхуащ тхыдэдж, филолог, журналист КIашэ Адэлджэрий.
1926 гъэм къалъхуащ адыгей уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, композитор, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Сэмэгу Гуэщнагъуэ.
1974 гъэм къалъхуащ журналист Ныбэжь Таисэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 - 3 , жэщым щIыIэр градуси 2 - 1 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Акъылыр жьакIэм ежьэркъым.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Из
Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ