Календарь событий

23 октября 2021

Бын зиIэ унагъуэхэм зыщIагъакъуэ

А Iуэхум теухуа зэIущIэ иджыблагъэ къызэригъэпэщащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и комитетым.

Гъуэгу зэпэщхэм гъащIэр ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Пятигорск къалэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ГъуэгухэмкIэ федеральнэ агентствэм и уна­фэщI Новиков Роман.

Псы къабзэр Бахъсэн щIыналъэм и жылагъуэ куэдым ялъэIэсынущ

Урысейм и Правительствэм Бахъ­сэн Iуфэм Iус жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным трагъэкIуэдэн папщIэ сом мелардитIым щIигъу ­къиутIыпщынущ. Абы теухуа заяв-кэр махуитI япэкIэ Москва щыпхигъэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм, УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат жэпуэгъуэм и 21-м иригъэкIуэкIам, щыдаIыгъащ километр 77-рэ зи кIыхьагъ бжьамий псы жапIэ Бахъсэн районым щыухуэнымкIэ инфраструктурэ проект иныр икIи абы папщIэ федеральнэ бюджетым и ­бюджет кредиту сом мелард 2,1-рэ КъБР-м хухэхыныр.