|
Махуэгъэпс
11 мая, 2023 - 08:44
Накъыгъэм и 11, махуэку
1934 гъэм КъБР-м ПромышленностымкIэ и управленэ къызэрагъэпэщащ.
1931 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор АфэщIыж Марат.
1969 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI, республикэм щIыхь зиIэ и экономист Мусуков Алий.
Дунейм и щытыкIэнур
10 мая, 2023 - 07:44
Накъыгъэм и 10, бэрэжьей
1916 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир.
1929 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупщы Лолэ.
1944 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Щоджэн Мухьэмэд.
Дунейм и щытыкIэнур
5 мая, 2023 - 12:13
Накъыгъэм и 5, мэрем
Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
1912 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Пэрэныкъуэ Мурат.
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий.
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ щыта Апажэ Назир.
4 мая, 2023 - 16:30
Марсыр къэгъэIурыщIэным цIыхухэр зы лъэбакъуэкIэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуащ.
ЩIэныгъэлIхэм ар жаIащ тхыдэм щыяпэ дыдэу Къэмыланджэ (Perseverance) марсырыкIуэ роверым пкъралъхьа MOXIE (Mars Oxygen ISRU Experiment) Iэмэпсымэ цIыкIум «планетэ» плъыжьым» и хьэуам узэрыбауэ хъун лъышэ (кислород) «Iэбжьыб» къызэрыхиIущIыкIыфам щыхьэт техъуа иужькIэ.
4 мая, 2023 - 05:04
Накъыгъэм и 4, махуэку
1959 гъэм Налшык бжьамийкIэ газ къашэу щIадзащ.
2010 гъэм УФ-м и Президентым и УказкIэ Налшык къыфIащащ «Зауэ щIыхьым и къалэ цIэ лъапIэр.
1938 гъэм къалъхуащ абазэ тхакIуэ, КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыкIуэту Микаэль.
1943 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ художник, Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Шемякин (Къардэн) Михаил.
3 мая, 2023 - 06:36
Накъыгъэм и 3, бэрэжьей
Печатыр зыми и унафэ щIэмытыным и дунейпсо махуэщ
Дыгъэм и дунейпсо махуэщ
1957 гъэм КПСС-м и ЦК-мрэ СССР-м и Министрхэм я Советымрэ унафэ къащтащ колхозхэр совхозу зэхъуэкIыным теухуауэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус15, жэщым градуси 9 - 10 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дунейр зыгъэнэхур зы дыгъэщ.
28 апреля, 2023 - 09:49
Мэлыжьыхьым и 28, мэрем
♦Лэжьыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦«ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Химие шынагъуэншагъэм и махуэщ
♦1874 гъэм къалъхуащ Хэку зауэшхуэм быни 9, зы нысэ, къуэрылъху-пхъурылъхуу 3 зыгъэкIуа шапсыгъ анэ Щхьэлахъуэ Чэбэхъан.
♦1902 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд.
27 апреля, 2023 - 12:54
Мэлыжьыхьым и 27, махуэку
Урысей парламентаризмэм и махуэщ. I906 гъэм лэжьэн щIидзащ Урысейм и Къэрал Думэм.
1952 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Шыбзыхъуэ Басир.
1958 гъэм къалъхуащ шэрджэс политик, хьэрычэтыщIэ, псапащIэ Къэзанокъуэ Руслан.
Дунейм и щытыкIэнур
26 апреля, 2023 - 08:26
Мэлыжьыхьым и 26, бэрэжьей
Страницы
|