Махуэгъэпс

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 20, махуэку 
Урысейм щагъэлъапIэ Лъы зытым и махуэр
1937 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ станицэр къалэ хъуащ.
1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Сындыку Тобий (Анатолэ).
1932 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-ми КъБР-ми гъузджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Теувэж СулътIан.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 19, бэрэжьей

♦Ажэгъуэмэм и махуэр щагъэлъапIэ дунейм и къэрал куэдым

♦Урысей полиграфием махуэщ

♦1929 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-ми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 18, гъубж
Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
Радиор фIыуэ зылъагъухэм, ар зэпкърылъхьэным дихьэххэм я дунейпсо махуэщ
1970 гъэм
Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ.
1953 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Балъкъэр Руслан.
Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 17, блыщхьэ

ЗэхэщIыкI нэсым и къежьапIэ

Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым и щы­тыкIэм теухуа щIэныгъэ цIыхухэм ябгъэдэлъхьэ­ным мыхьэнэ ин зэриIэр къалъытэу, 1992 гъэм Брази­лием и щыхьэр Рио-де-Жанейрэ ООН-м щызэхиша къэрал зэхуаку зэхыхьэм мэлыжьыхьым и 15-р Экологие щIэныгъэхэм я махуэу щагъэуващ.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 14, мэрем

♦1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Безрокъуэ Олег.

♦1951 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Тау Ибрэхьим.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ.  Хуабэр махуэм    градус 15 - 18, жэщым   градуси 9 - 11 щыхъунущ.

 

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 13, махуэку

Гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм защIэзыгъакъуэм, псапащIэм и махуэр Урысейм щагъэлъапIэ
1517 гъэм
Каир щаукIащ мамлюкыдзэм и дзэпщ ин Ал-Ашраф Тумэн-бей.
1905 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщIакIуэ, IуэрыIуатэдж ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр.

Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 12, бэрэжьей
ЦIыхум хьэршым япэу лъагъуэ щыхиша дунейпсо махуэу ООН-м игъэуващ
Авиацэмрэ космонавтикэмрэ я дунейпсо махуэщ
1961 гъэм
Гагарин Юрий «Байконур» щаутIыпща «Восток» кхъухьым ису дунейм щыяпэу хьэршым лъэтащ.
1929 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIумыхъу Жылэбий.
1942 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, публицист Къущхьэунэ Алексей.
Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

 

Мэлыжьыхьым  11, гъубж

         Фашист гъэрыпIэм исахэр хуит къызэращIыжам и дунейпсо махуэщ

         Паркинсон узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

         1892 гъэм къалъхуащ адыгей тхыбзэр зэхэзылъхьа БекIухъу Ахьмэд.

         1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, журналист КIасэ Чэмал.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 10блыщхьэ
Фашизмэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Зэдэлъхузэшыпхъухэм я дунейпсо махуэщ
1945 гъэм
Иуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
1897 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ бзэщIэныгъэ еджагъэшхуэ Iэщхьэмахуэ Даут.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс