Махуэгъэпс

НОБЭ

Гъатхэпэм и 16, махуэку

♦Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм экономикэ шынагъуэншагъэмкIэ и IэнатIэхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ.

♦1942 гъэм къалъхуащ УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Дагъыстаным я цIыхубэ дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Лий Адэлджэрий.

Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Гъатхэпэм и 15, бэрэжьей

         ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

         Социальнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ

         1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм и орган Тэрч къыщызэрагъэпэщащ.

         1880 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я цIыхубэ лIыхъужь Къылыш СулътIан-Джэрий.

         1913 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, актрисэ, критик Натхъуэ Долэтхъан.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 14, гъубж
1853 гъэм адыгэбзэкIэ къыдэкIащ Берсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр».
1995 гъэм Налшык экономико-правовой лицей къыщызэIуахащ.
1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, литературэдж, критик, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 13, блыщхьэ

Вагъуэхэм щакIэлъыплъ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Геодезиемрэ картографиемрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
1939 гъэм
къалъхуащ УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шурдым Юрэ.

НОБЭ

Жьэжьейм и дунейпсо махуэщ

НОБЭ

Гъатхэпэм и 9, махуэку

♦1641 гъэм къалъхуащ урысей дзэ къулыкъущIэ, контр-адмирал Черкасский Михаил.

♦1946 гъэм къалъхуащ къэфакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Къарэжь Людмилэ.

♦1954 гъэм къалъхуащ СССР-ми Европэми стIолыщхьэ теннисымкIэ я чемпионкэ, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Батыр ФатIимэ.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 7, гъубж

Театрым зэрыщIыхьэ билетхэр зыщэ кассирым и махуэщ

1960 гъэм Куба щыщ жэмыш Пащты Салимэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.

1919 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Жанэ Къырымызэ.

 Дунейм и щытыкIэнур

 «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 10, жэщым градуси 2 - 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

НОБЭ

Гъатхэпэм и 6, блыщхьэ
Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
Глаукомэ узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
1929 гъэм
къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Искандер Фазиль.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 5, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
IуэхукIэ умыгъэунэхуар пцIыхуу жумыIэ.

Лабэ

 КъухьэпIэ Кавказым и псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и лъабжьэхэм Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIуу къыщожьэ. 
Телъыджэщ, ауэ Лабэ и къуэпс псоми щIыгуу зыщытраугуэшар Къэбэрдей-Балъкъэрым иIыгъым хуэдизщ, е нэгъуэщIу жытIэмэ, километр зэбгъузэнатIэ мин 12-рэ 500-м ноблагъэ.
И къэунэхукIэр нэхъыбэм зрапхыр къуршыжьхэр щIэзыхъумэ мылъылъэхэм къащIэж ткIуэпсыбэхэр арами, къызэрахутамкIэ и ныджэм псыщIагъыпсхэми уащрихьэлIэнущ. 

НОБЭ

Гъатхэпэм и 3, мэрем

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс