Махуэгъэпс

Хьэлыгъум и махуэ

ЩIакхъуэм (хьэлыгъум) и дунейпсо махуэр (World Bread Day) щаIэт ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм.

Нобэ

♦1520 гъэм Португалием щыщ зыплъыхьакIуэ Магеллан Фернан хы Щэхумрэ Атлантикэ хымрэ я псыдэжыпIэр къихутащ, иужькIэ абы езым и цIэр фIащыжащ.

♦1899 гъэм Владивосток къыщызэIуахащ КъуэкIыпIэ институтыр, иджыпсту абы зэреджэр КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ университетщ.

♦1935 гъэм Германиер Лъэпкъхэм я Лигэм къыхэкIыжащ.

♦1945 гъэм Франджым цIыхубзхэми хэхыныгъэхэм Iэ щаIэтыну япэу хуит щащIащ.

♦1958 гъэм Инджылызым и Парламентым и лорд палатэм япэу цIыхубз хахащ.

Нобэ

Статистикэм и дунейпсо махуэщ
ПщафIэхэм я дунейпсо махуэщ
Авиадиспетчерым и дунейпсо махуэщ
Кредит зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхум и къупщхьэхэр зэблэзыш узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и дзэ связистым и махуэщ
Сербием щагъэлъапIэ Белград къалэр хуит къыщащIыжа махуэр.
1944 гъэм советыдзэхэмрэ Югославием и партизанхэмрэ Белград къалэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.

НОБЭ

Лицейм щеджэхэм я урысейпсо махуэщ
Армением и ракетэ-топгъауэ дзэхэм я махуэщ
Къэзахъстаным щагъэлъапIэ къегъэлакIуэм и махуэр
Молдовэм и юристым я махуэщ
1097 гъэм
къэрал къулыкъущIэ Мономах Владимир Урысейр пщыгъуэ-пщыгъуэу гуэшыныр къыхилъхьэри, абы арэзы дэхъуащ хэкум и пщышхуэхэм я советыр.
1812 гъэм Бонапарт Наполеон и дзэр ихъумэн мурадкIэ Москва дэкIыжащ.
1872 гъэм Австралием къыщагъуэтащ дунейм щынэхъ ин дыдэ дыщэ кIанэр. Абы килограмм 2I4-рэ грамм 32-рэ и хьэлъагът.

НОБЭ

♦КIэнфетхэм я дунейпсо махуэщ

♦ЦIыхухъухэм я джанэхэм далъхьэ пщэдэлъым и дунейпсо махуэщ

♦Азербайджаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦1867 гъэм Аляскэ хытIыгуныкъуэр США-м зэрыращам теухуа дэфтэрхэр зэIэпахащ. Жэпуэгъуэм и I8-м илъэс къэс а къэралым щагъэлъапIэ Аляскэм и махуэр.

♦1723 гъэм Пётр Езанэм Кронштадт быдапIэм и лъабжьэр игъэтIылъащ.

♦1918 гъэм Чехословакие республикэр къызэрагъэпэщащ.

Къугъуэлъыкъуей фэеплъыр зэрагъэпэщыж

1942-1943 гъэхэм ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъыр зэгъэпэщыжыным, ар здэщыт щIыпIэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абы и Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр щІэгъэхуэбжьауэ Къугъуэлъыкъуей (Урыху) къуажэм щокІуэкI.

Фэеплъыр зэгъэпэщыжыным икIи абы и Iэгъуэблагъэр зэпэщ щІыным текIуэдэну мылъкур «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр (2019-2024 гъэхэр)» зи фIэщыгъэ къэрал программэм къыхокI. Лэжьыгъэхэр 2023 гъэм ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу зэфIагъэкІыну я мурадщ.

Нобэ

Къулейсызыгъэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

УФ-м щагъэлъапIэ щIыпIэ хэхам епха дохутыр терапевтхэм я махуэр

1740 гъэм картэхэр зэхэлъхьэнымкIэ IэщIагъэлI, къэхутакIуэ цIэрыIуэ Беринг Витус и экспедицэм хэтхэм Петропавловск-Камчатский къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.

1902 гъэм Детройт (США) къалэм къыщыщIагъэкIащ япэ «Кадиллак» автомобилыр.

1905 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэр зэхыхьащ.

НОБЭ

Мардэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм и мэзкъуэдыхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Белоруссием анэм и махуэр щагъэлъапIэ

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 13, махуэку

♦ЩIыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ

♦Белоруссием и щэнхабзэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦Азербайджаным и гъущI гъуэгу лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦1883 гъэм Петербург къыщызэрагъэпэщащ Театрым и лэжьакIуэхэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэр.

♦1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ сотням хэтхэм зыкъаIэтащ.

Пирамидэхэм я хэку

Ухуэныгъэ ехьэжьахэмрэ дунейм и телъыджиблым хиубыдэ щIыпIэ дахэхэмрэ здэщыIэ Мысырыр цIыхухэм я кIуапIэщ куэд щIауэ. Урысей туристхэр нэхъыбэ дыдэу здэкIуэ Африкэ къэралыгъуэм илъэс псом и хъуреягъкIэ зыщыбгъэпскI, дыгъэ зыщебгъэу мэхъу, гъэщIэгъуэн куэд щыболъагъу.

Мысырыр жыжьэу зыцIыху дэтхэнэ зыми фIэгъэщIэгъуэныр, дауи, Хеопс, Хефрен, Микерин сымэ я цIэр зезыхьэ пирамидэхэрщ, абыхэм хъумакIуэ пэлъытэу я лъабжьэм кIэщIэс Сфинкс скульптурэрщ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс