Щэнхабзэ

Ди лъэпкъэгъухэри дэни щызэкъуегъэувэ

«Трек» хьэщIэщым щагъэ­лъэпIащ Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм мы гъэм етхуанэу гъатхэпэм и 14-м иригъэкIуэкIа «Адыгэ Iуэрытх-2023» Iуэху дахэм къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщI IэнатIэхэм щыла­жьэ­хэр. Ар хуэгъэпсащ ди лъэп­къыбзэр хъумэным, абы и пщIэр къэIэтыным, зегъэу­жьыным, нэхъри егъэфIэ­кIуэ­ным. Анэдэлъхубзэм и пщэдейм игъэгузавэ цIыху куэд хэтащ мы Iуэхум.

Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр

«Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» фIэ­щыгъэм щIэту гъатхэпэм и ­ 3-м Налшык къалэм щекIуэ-кIа республикэ зэпеуэм («АП» №27) Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм щыщ Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр щытекIуащ.

Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я махуэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу. 
Мыхьэнэшхуэ зиIэ а IэщIагъэм пэрыт фэ сыт щыгъуи пщIэшхуэ щывиIащ икIи щывиIэщ жылагъуэм я деж. 

Вындыжь Марие: Тхэн зэрыщIэздзар зи фIыгъэр сабийхэращ

 КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, уэрэдус цIэрыIуэ  Вындыжь Марие и зэфIэкIым  и щыхьэту  КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм, Дунейпсо Арткомитетым я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр   къыхуагъэфэщащ.

Инджылызыбзэм уздынихьэсыр

Мы тхыгъэр зытеухуа Хьэмыкъуэ Маринэ и IэщIагъэкIэ зэдзэкIакIуэщ.  

Лий Аслъэн: «Уэрэдхэр гукIи псэкIи къагъэщIауэ щытын хуейщ»

Хэт и гугъэнт зи сабиигъуэм каратэ спорт лIэужьыгъуэм зыхуэзыгъасэу щыта Лий Аслъэн зэгуэр макъамэм дихьэхыу абы гъащIэ гъусэ хуэхъуну?! Нобэ уэрэджыIакIуэ, композитор, аранжировщик, продюсер цIэрыIуэущ ар зэрацIыхур.

Къафэр зи псэм хэлъ

Къафэр зи псэм хэлъхэм ящыщщ дуней псом щыцIэрыIуэ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым хэт, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщащэ дахэ-2012» зэпеуэм и япэ вице-мисс хъуа ХьэIупэ Наирэ.

Мрамор хъарым и щэхур

Псыдзэри, щIыхъейри, къэбэкъауэри, зэманри пэмылъэщу нобэ къэса мывэ фэеплъхэр умыгъэщIагъуэу плъэкIыркъым. 

Уафэгум уиту, ушынэ хъунукъым

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ. «Общество книголюбов» зэгухьэныгъэм жэрдэм ищIа зэхуэсым щытепсэлъыхьащ тхакIуэ, усакIуэ Мусукаевэ Сакинат «Когда летаешь, нельзя бояться» зыфIища и тхылъым. 

Петербурги адыгэ къафэ къыщофэ

Хабзэр хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэщ зей лъэпкъым зэи къыпхутемыхыну.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ